Сочинение дахэнагъуэ 8 класс

Ц1ЫХУБЭМ Щ1ЭНЫГЪЭ ЕГЪЭГЪУЭТЫНЫМК1Э

КЪБР-М И МИНИСТЕРСТВЭ

КЪЭБЭРДЕЙ – БАЛЪКЪЭР КЪЭРАЛ УНИВЕРСИТЕТ

ООП СПО

Темэр:
Акъсырэ Залымхъан и драмэ «Дахэнагъуэмк1э»

Урок зэ1ухам и план — конспект
Езыгъэк1уэк1ар:

егъэджак1уэ Бахъуэ Дж.М.

НАЛШЫК-2006

Темэр: «Насып щ1экъуныр-арщ насыпыр»

(Дахэнагъуэ пьесэмк1э).

Мурадыр: Ц1ыхумрэ насыпымрэ, ц1ыхум

Насыпым папщ1э иригъэк1уэк1

Бэнэныгъэр, а бэнэныгъэм гъуэгуанэшхуэ

Къызэрызэпичар, ар псэзэпылъхьэп1эу

Зэрыщытар – ар драмэм и темэ нэхъыщхьэу

Зэрыщытыр къэгъэлъэгъуэн; щхьэж езым

И насыпым лъэпощхьэпо къыхуэзэми

Къимыгъазэу щ1эбэныфу хуегъэсэн;

Бзэм зегъэужьын.

Урокыр зэрек1уэк1ынур:

1.Литературэм зэрыщыгъуазэр къэпщытэн.

2.Темэщ1эр етын.

3.Урокыр къызэщ1экъуэжын.

4.Унэ лэжьыгъэ етын.

1.Литературэм зэрыщыгъуазэр къэпщытэн.

Адыгэхэм ди1эщ псалъэжь «Гугъэр адэ щ1эинщ» жа1эри. Гугъэр ц1ыхум имы1амэ, ф1ым щымыгугъатэмэ и гъащ1эр Гъэк1уэгъуей хъуну къыщ1эк1ынт. Гугъэращ ц1ыхум и гъащ1эр Нэхъ гъэщ1эгъуэн зыщ1ыр. Сыт ц1ыхур зыщыгугъыр? Дауи Ф1ым насыпым щогугъ.

Ижь ижьыж лъандэрэ ц1ыхур езым и насыпым щ1эбэну къок1уэ. Лъэпощхьэпо куэд, гугъуехь куэд пшэчын, уебэкъуэн хуейщ.

Зы ц1ыху губзыгъэ гуэрым жи1эгъащ: «Насыпыр апхуэдэу Гугъуу къып1эрымыхьэтэмэ, насыпыф1э куэд щы1энт» Литературэм дыщрохьэл1э образ гъуэзэджэ куэд насыпым (ар щхьэзакъуэ насыпым инэмыщ1а, ц1ыхубэм ейри) щ1эзэууэ.

Иджы е 8-нэ классым щыщ1эдзауэ дджа тхыгъэхэм дык1э Лъывгъэплъыт. Хэт сымэ насыпым и бэнак1уэу дызрихьэл1ар?

Жэуапхэр:

1) Щоджэнц1ык1у Алий и поэмэ «Мадинэ» хэт Мадинэ, Заур сымэ.

2) «Къамботрэ Лацэрэ» романым хэт Лацэ, Къамбот, Хьэсанш, Тембот сымэ.

3) К1эрашэ Т. и «Гъуэгу насыпыф1э» романым хэт Нафисэт и образыр.

4) Шортэн А. и пьесэ «Нэхур къыщыщ1энэм» хэт Софят, Мурид сымэ.

Художественнэ тхыгъэхэм ф1ыуэ фызэрыщыгъуазэр на1уэ хъуащ.Иджы усэхэм къыщыгъэлъэгъуауэ п1эрэ? Сыт хуэдэ усэхэр фщ1эрэ?

Жэуапхэр:1) К1ыщокъуэА «Сык1уэнт нэхъ псынщ1эу».

2) Щэджэнц1ык1у l. «Сонет», «Ирехъу влэжьыр бгыщхьэ».
2.Урокым щыщу яджар къызэщ1экъуэжын.

3.Темэщ1эр етын. Урок-лекцэу егъэк1уэк1ын.

4.Урокыр къызэщ1экъуэжын.

Выводхэр егъэщ1ын.

Унэ лэжьыгъэр етын:

Ролк1э драмэм къызэреджэнум зыхуагъэхьэзырын. Зауэ нэужь илъэсхэм Къэбэрдей драматургием и къарум нэхъри зыкъызэкъуихащ. Абы къыщыхъуащ щ1эблэ гуащ1аф1э. Ди драматургием и зэхэублак1уэхэм ябгъурыуващ зи къалэмыр жан, темэщ1эхэм тегушхуауэ зэзыпщытыфа драматург щ1алэ гуп.А гупым ящыщщ зи ц1эр жыжьэ 1уа «Дахэнагъуэ» пьесэм и авторыр.

Акъсырэ Залымхъан и пьесэхэм я нэхъыбап1эм лъабжьэ яхуэхъуар адыгэ тхыдэмрэ 1уэры1уатэмрэщ. Пасэрей адыгэ таурыхъыр лъабжьэ хуэхъуащ «Дахэнагъуэм», адыгэ тхыдэм къыпкърык1ащ «Къызбрунри», «Лашынри», «Истамбылак1уэри».

Абы къик1ыркъым драматургым нобэрей гъащ1эм зыпы1уидзу. Акъсырэм тхыдэми 1уэры1уатэми хегъуатэ нобэрей ц1ыхур дэзыхьэх гупсысэ хьэлэмэтхэр. Зи дыгъуасэм ф1ыуэ щыгъуазэ ц1ыхум и дунейр нэхъ ф1эдахэщ, и пщэдейр нэхъ 1упщ1у елъагъу. Аращ нобэм и ц1ыхур тхыдэми 1уэры1уатэми щ1ыхуейр.

Акъсырэ З. 1919гъ. Псыгуэнсу къуажэм къыщалъхуащ.Драматург ц1эры1уэ хъуну щ1алэм пасэу зэхищ1ащ Октябрьскэ революцэм къыдыщ1эк1а хуитыныгъэм и ф1ыгъуэхэр .Къуажэм илъэсиблк1э щеджа нэужь, ЛУГ-ым щ1от1ысхьэ. Мыбы щыхохьэ самодеятельнэ кружокым. Псом хуэмыдэжу ар дехьэх драматическэ кружокым. Абы дохутыр 1эщ1агъэр хыф1едзэри колхоз-совхоз театрым къахохутэ. Студием щеджа къудейкъым Залымхъан, зэреджэм хуэдэурэ, театрым рол зэмыл1эужьыгъуэхэр щегъэзащ1э. Лэжьыгъэм къыщыдэхуэм къалэмыр къещтэ «Сэ сызыщ1аубыдат Н.Гоголь, А.Островский сымэ къагъэщ1а образ телъыджэхэм, сыкъытричырт абыхэм запысщ1ыжыну. Абы щыгъуэ си пщ1ыхьэп1и къахэхуэртэкъым сызытхьэкъуа искусствэм апхуэдиз гугъуехь пылъу. Сэ къысф1эщ1ырт дэтхэнэ темэри нап1эзып1эм зэпкърызудыфыну. Арщхьэк1э сыщыуауэ къыщ1эк1ащ. Къалэмыр къэсщтэн и пэк1э хуэфэщэн щ1эныгъэ зэзгъэгъуэтын хуейт». 1948гъэ пщ1ондэ щылэжьащ Акъсырэр театрым. Абы щыгъуазэ дыщищ1ащ театральнэ искусствэм, драм. лит. и «щэхухэм». 1950 гъэм Акъсырэр щ1от1ысхьэ М.Горькэм и ц1эр зезыхьэ литературнэ институтым. А лъэхъэнэм драматург щ1алэм и 1эдакъэ къыщ1эк1ак1эт пьесэ зыбжанэ: «Дахэнагъуэри» сценэм къихьак1эт. И узыншагъэр щызэ1ыхьэм, Акъсырэм и еджэныр п1алъэк1э зэпигъэун хуей мэхъури, къегъэзэж «Къэбэрдей пэжым» и лэжьак1уэ мэхъу. Пасэу тхэн щ1идзащ Акъсырэм. 1936гъэм усэ ц1ык1у къытехуауэ щытащ газетым. Зауэм и пэк1э абы и 1эдакъэ къыщ1эк1ащ «Хьэмидрэ Казимэрэ» драмэр. Абы к1элъык1уэу Акъсырэм етх «Гъавэм папщ1э» пьесэр. 1945гъ. къытехьащ Хэку зауэшхуэм Советскэ ц1ыху къызэрыгуэк1хэм щызэрахьа л1ыгъэм теухуа «Дыгъэр къыщыщ1эк1ым» пьесэр. Абы иужьк1э Акъсырэм итхащ «Лашын» драмэр. Тхыдэм и к1уэц1к1э ц1ыхубэм нэхърэ нэхъ къаруушхуэ щы1энк1э зэрымыхъунур, абы и гъуэгуанэр бэнэныгъэм зэрык1уэц1рык1ыр къыщыгъэлъэгъуащ «Къызбрун» пьесэм. (1956) Илъэсищэ и пэк1э адыгэхэм къатепсыхауэ щыта гукъутэшхуэм адыгэ мин 1эджэм я хэкур хыф1рагъэдзауэ зэрыщытам теухуащ «Истамбылак1уэ» драмэр. Абы и 1эдакъэ къыщ1эк1ащ нэгъуэщ1 пьесэ зыбжани : «Дахэлинэ и пщ1ыхьэп1э», «Ф1ыгъуэрэ мыгъуэрэ», «Маф1эм хисхьа лъагъуныгъэ», «Хэт зи ягъэр», нэгъуэщ1хэри.

Ауэ Акъсырэм и драматургическэ талант гъуэзэджэ зэрыбгъэдэлъым япэ дыдэ щыхьэт техъуар «Дахэнагъуэщ». Зауэ нэужьым къызэф1эувэжа Къэбэрдей театрым япэ лъэбакъуэр зэричыжар а пьесэмк1эщ. 1957гъ Москва щагъэлъэгъуауэ щытащ. Дахэнагъуэ и таурыхъыр л1эщ1ыгъуэ к1ыхь 1эджэм къызэпхрахащ адыгэхэм.

Жыжьэ къыщежьами, таурыхъ телъыджэр ц1ыхубэм и гум зэи ихуакъым. Ихунк1и 1эмал и1экъым: ижь-ижьыж лъандэрэ щ1озэу ц1ыхубэр насыпым, зы махуи дэк1акъым абы папщ1э ц1ыхубэр насыпым и бэнэныгъэ гуащ1эм хэмыхьэу.

Аращ Дахэнагъуэ и таурыхъыр-насыпым и тхыдэр-псэ быдэрэ уахътыншэрэ щ1эхъуар. Насыпым щ1эхъуэпс дэтхэнэми и гум щигъаф1эрт ар. Щигъаф1эрт, ц1ыхубэр насыпыф1э, щхьэхуит, лъэщ зэрыхъунур ищ1эрти. Насыпым и лъыхъуак1уэ хахуэм- Джэримэс дэплъейрт дэтхэнэ мэкъумэшыщ1э щ1алэри.

Зэкъым т1оукъым насыпым и бэнак1уэу адыгэ тхыдэм щытлъагъур. Пщыл1 губжьахэм пашэ яхуэхъуа Мэшыкъуэ щ1алэри, л1акъуэл1эшхэм зауэ гуащ1э езыщ1ыл1а Дэмэши, Андемыркъани. Дахэнагъуэ и хъыбарыр ноби щызэхэпхынущ дэтхэнэ адыгэ унагъуэми.

Зэгуэр абы щ1ап1ык1ыу щытащ щ1эблэр; а щ1эблэр насыпым и бэнак1уэ хъунк1э гугъэрт а таурыхъыр зы1уатэ тхьэмадэхэр. Драматургым игу къегъэк1ыж: «Таурыхъым апхуэдизк1э ситхьэкъуати сеп1эщ1эк1ри зэрызэхэсхыжам хуэдэу поэмэ къыхэсщ1ык1ыжащ. Иужьым сэ гу лъыстэжащ сценэм щыгъэлъэгъуэн зэрыхуейм». 1942 япэ вариантыр къыдэк1ащ, 1956гъ щ1эрыщ1эу итхыжащ. Драмэм зэрыщытлъагъущи, Дахэнагъуэ насыпым и символщ. Къару бзаджэхэм щагъэпщк1уащ ар ц1ыхубэм. Абы и лъыхъуак1уэр мащ1экъым, ит1ани нэсыфыркъым. Сыт щхьэк1э? Зи щхьэ закъуэм насып къыхуэзылъыхъуэ ц1ыхум и мурадыр къехъул1энукъым, ар насыпыф1э хъун щхьэк1э, ц1ыхубэм хуитыныгъэ игъуэтын хуейщ. Аращ Дахэнагъуэ и лъыхъуак1уэ шууищэр щ1ыхэк1уэдар: ахэр зылъежьар я щхьэ закъуэ насыпщ.

Джэримэс насыпым и лъыхъуак1уэщ. Сыт хуэдиз гугъуехь и нэгу щ1эк1ын хуей хъуми ар къэдзыхэркъым, насыпым лъо1эс. Ар ц1ыхубэм и насыпым и лъыхъуак1уэщ, аращ и мурадри къыщ1ехъул1эр. Джэримэси, Кэзибани, Анэри, Джэгуак1уэ л1ыжьри гъэпщыл1ак1уэхэм я 1эмыщ1эм ип1ыт1ауэ щыдолъагъу абы и щ1эдзап1эм. Драмэм щ1элъ гупсысэр Джэримэс и образымк1э къэгъэлъэгъуащ. Щ1алэ гупц1анэм щыщ1эдзауэ ц1ыхубэм и насыпым и бэнак1уэ лъэщым нос а образыр. Япэу дыщрихьэл1эм деж бэнэныкъуэ щ1алэщ1эу дыщрохьэл1э. Ар л1ыщ1эщ, хуитыныгъэншэщ.

Сысабийуэ сыбыдзафэу

Си адэжьыр стел1ык1ащ

Си анэжьыр зиусхьэнхэм

Унэ1уту къахуэнащ.

Гъащ1э хьэлъэр хуэмышэчу бэнэныгъэ гъуэгум тоувэ.

Си мурадыр къызэхъул1эм

Лъэк1ыныгъэр сыубыдынщ,

Гугъуехь псори зи пщэ дэлъуэ

Л1ыщ1э псори згъэгуф1энщ….

«Л1ыщ1э псори игъэгуф1эн» мурадырщ Джэримэс бэнэныгъэм и гъуэгум тезышэр. А гъуэгум ар гугъуехь 1эджэм щы1уоуэ-гъуэгуанэ тынш зыщ1элъ бэнак1уэ щы1экъым. «Пщыл1ак1уэ псоми я дыгъэ» Дахэнагъуэм деж нэсын щхьэк1э ар лъэпощхьэпо куэдым щхьэдэхащ: и анэмрэ ф1ыуэ илъагъу ц1ыхубзымрэ зыкъыщык1эращ1эми щ1егъуэжакъым гъэпщыл1ак1уэхэр къыпэува щхьэк1и, яхуэшынакъым, гъэпц1агъэк1э дахьэхын мурад я1эу иужь къихьа тхьэ1ухудхэми дашэхыфакъым.

Джэримэс гъуэгум щыгъуащэкъым ик1и дидзыхыркъым, Дахэнагъуэ – насыпыр-и гъуазэщи. Ар ц1ыхубэм и гугъап1эщ. Ц1ыхубэм бгъэдэлъ къару мык1уэщ1ыжымрэ ар зыхэт бэнэныгъэ гуащ1эмрэ на1уэ, сэтей къэзыщ1 образщ Джэримэс.

Дахэнагъуэ ц1ыхур зыщ1эхъуэпс насыпщ. Абы ехъумэ жылэм я насыпыр. Насыпым и символ Дахэнагъуэ ц1ыху сурэтым иту щыдолъагъу драмэм.

Данэм хуэдэщ и щхьэцыгъуэр

Мазэм хуэдэщ и нэк1уплъыр

И набдзит1ыр хуэкъурашэщ.

Дыщэм хуэдэщ нагъуэ дахэр.

Драмэм и щ1эдзап1эм щыдолъагъу Дахэнагъуэ къару бзаджэхэм ц1ыхубэм зэрыщагъэпщк1уар. Абы елъагъу гу1эжу гуащ1эрыпсэухэр хьэзабым зэрыхэтыр. Аращ Дахэнагъуэ Джэримэс щ1алэр щ1риджэр.

Уэ ц1ыхубэм я насыпым

Ущ1эхъуэпсмэ, къыслъэ1эс.

Дахэнагъуэ насыпщ, а насыпыр къэзэугъуаф1экъым, абы лъежьэр и псэ еблэж хъунукъым. Джэримэс ириджа щхьэк1э Дахэнагъуэ занщ1эу зыкъитыркъым: къару 1эджэ къыпэщ1едз абы бжэныхъуэ щ1алэм, и хъумак1уэхэр къреут1ыпщ: абы щытек1уэк1э езы Дахэнагъуэ 1эщэк1э къыпожьэ. Ар насыпым и бэнак1уэм и гъуазэщ, ц1ыхубэр гъуэгу захуэ тезышэ, ар зымыгъэхутыкъуэ къарущ.

Ц1ыхубэм и гуращэр зэрыдахэр, абы и хъуэпсап1эр зэрынэхур, насыпым щ1эбэн зэпыту зыхозыгъащ1э образщ Дахэнагъуэ. Джэримэс и образыр 1упщ1 хъун папщ1э, мыхьэнэшхуэ и1эщ абы ф1ыуэ илъагъу пщащэм щхьэк1э и псэр итыну хьэзырщ, ауэ Джэримэс зытеувэ гъуэгур къыгуры1уэркъым.

Абы Джэримэс и гъуэгур зэпиупщ1ыну хэтщ, сыт щхьэк1э жып1эмэ и щхьэ закъуэм и насып ф1эк1 абы нэгъуэщ1 насып зыхищ1эркъым. Хуэм-хуэмурэ абы и гупсысэм зеужь. Джэримэс и анэр бзэ 1эф1щ, и къуэм щхьэк1э имыщ1эн щы1экъым. Абы ф1эдахэкъым Джэримэс зытехьэ гъуэгур, лъэк1атэмэ и къуэр и пщ1ант1э дигъэк1ынтэкъым.

Ар щымы1эм ар гъэпц1ак1уэщ,

Ц1ыху 1ей удхэм я пц1ы лъап1эщ

Зыхуэмейхэр зэрагъапц1эщ

Делэгъуаф1эр зытек1уадэщ.

Ауэ анэми къыгуро1уэж ц1ыхубэм насып ямыгъуэтауэ езыри насыпыф1э зэрымыхъунур.

Си адыгэбзэ- си анэм и бзэ.

(адыгэбзэм теухуа классщ1ыб лэжьыгъэ).

I . Нобэ ди пащхьэ къиувэ къалэн

нэхъ инхэм ящыщщ адыгэбзэмрэ литературэмрэ курыт еджап1эм зэрыщрагъэджыныр егъэф1эк1уэныр.

Къыбдалъхуа бзэм хуэщ1ын хуей пщ1эмрэ гулъытэмрэщ, дауи къэзыгъэщ1ар

«Сэ шу лъагъуэр зэпызмычу,

Гъущ1 гъуэгушхуэм сытехьакъым,

Адыгэбзэр зэзмыгъащ1эу,

Урысыбзэр сщ1эн слъэк1акъым,»

Жыхуи1э К1ыщокъуэ Алим и усэ сатыр гъуэзэджэхэр. Аращи , адыгэу зи бзэр зымыщ1эж , зымыджыж щы1эн хуейкъым. Дэтхэнэ зы ц1ыхуми и бзэр, и культурэр, и тхыдэр ищ1эн хуейщ.

Иджыпсту дэ щыгъуазэ фытщ1ынщ а 1уэхугъуэр, адыгэбзэмрэ, литературэмрэ, ди еджап1эм зэрыщек1уэк1ым.

Аращи фыкъыдогъэблагъэ ди зэ1ущ1эм.

(«Си анэбзэ, си адыгэбзэ» уэрэдыр къоуэ.

«Адыгэбзэр мэбзэрабзэ»- монтажым хэт ц1ык1ухэр утыкум къохьэ.)

II. «Адыгэбзэр мэбзэрабзэ»- алфавитым теухуа монтаж.
III. Хъыджэбзц1ык1ухэм ягъэзащ1э «Адыги» уэрэдыр.
IV. Си Хэку, си анэ- а псалъит1ым хуэдэу гущ1эр зыгъэхуабэ щы1эу къыщ1эк1ынкъым, сыт щхьэк1э жып1эмэ а псалъит1ым нэхъ лъап1э щы1эн хуейкъым ик1и щы1экъым. Ар на1уэу къыщыгъэлъэгъуэжащ Щэджэнц1ык1у Алий и «Нанэ» усэ гъуэзэджэм.
V. «Нанэ» усэм гук1э къеджэн.

VI. «Си нанэ» уэрэдыр еджак1уэ ц1ык1ухэм ягъэзащ1э.
VII. «Адыгэ нэмыс» уэрэдыр еджак1уит1ым ягъэзащ1э
VIII. Хабзэ дахэхэм ящыщ зыщ хъуэхъуэныр, нобэ абы пыщ1ар угъурлыгъэрэ акъылыф1агърэщ. Ц1ыхум ущехъуэхъук1э, уэри къохъуэхъуж: дахэ щызэжеп1эк1э, ф1ы щызэхуэп1уатэк1э, уигури нэхъ къабзэ, нэхъ зэхуэмахуэ зэхуохъу; ф1ы сщ1ащэрэт, сэбэп сыхъуащэрэт жып1эу уеузэщ1. Къимыдэк1э, хъуэхъуэным ц1ыхум и бзэр, и псэлъэк1эр еузэщ1- к1эщ1у, зэщ1экъуауэ, гъэхуарэ шэрыуэу псалъэу егъасэ.

Адыгэм мыхъуэхъуэф яхэтакъым. Ауэ хъуэхъуэныр зи къалэныр куэд зыгъэунэхуа, куэд зыщ1э л1ыжь угъурлыхэрт, тхьэмадэ жьак1э тхьэмпэхухэрт. Апхуэдэ л1ыжь щыхъуахъуэк1э, ини ц1ык1уи тхьэк1умэ тегъэхуак1э еда1уэрт, хэт хъуэхъур щыжа1э унэм щ1ыхьауэ, хэти и щхьэр бжэм къыдигъэжауэ, хэти лъэпэпц1ийуэ щхьэгъубжэм къы1уту- апхуэдэт псалъэ дахэм и къарур!
(Еджак1уэ ц1ык1уит1 махуэшхуэ хъуэхъухэм къоджэ).
IX. Адыгэ мэкъамэхэр.
«ЩОДЖЭНЦ!ЫК!У АЛИЙ ИГЪАЩ!ЭМРЭ И ЛИТЕРАТУРНЭ ЛЭЖЬЫГЪЭМРЭ ТЕУХУАУЭ ЕК!УЭК!А ЛИТЕРАТУРНЭ ЗЭ!УЩ!Э»
«Сабиигъуэ».
1. Алий XX л1эщ1ыгъуэм къыдалъхуащ. Сыт щыгъуэу п1эрэт ар? Щ1ымахуэт, гъэмахуэт? Абы щыгъуэ сабийр къызэралъхуамк1э щыхьэт тхылъ ятхыртэкъым. Ауэ ар къыщалъхуар гъагхэу къыщ1эк1ынщ. Сыт щхьэк1э жып1эмэ, гъатхэр дунейм и дахэгъуэщи, и щ1эрэщ1эгъуэщи, псэк1э бауэу мы дунейм тет псоми абы псэщ1э хелъхьэри, бзухэм я бзэр мэбзэрабзэри, фащэу щы1эм я нэхъ дахэр, я нэхъ гуак1уэр дунейм зыщит1агъэу щыбжьыф1э, щыщ1эращ1э зэманщи.

2. Щоджэнц1ык1ум и творчествэр гъагхэу гъащ1эм дощ1эращ1э. Усак1уэр гуапэу тетхыхьащ куэдрэ гъатхэм, майм. Уеблэмэ, абы хуэдэу гъатхэр нэмрэ псэмрэ хуэзыхьу щыта, нэхъ гу пц1анэу, дахэу, гъэхуауэ, лъэщу тетхыхьа яхэткъым ди усак1уэм.
Усэ «Гъатхэ».

3.Къэлъэтэжащ къуалэбзухэр щ1ып1э жыжьэхэм къилъэтык1ыжри . Вак1уэл1ыр губгъуэм ихьащи гъунэ ирелъэ. Пц1ащхъуэхэм я абгъуэр ящ1. Кушмэзыкъуей 1эсхьэдрэ Лацэрэ къуэ къыщыхуалъху. Щ1алэм ц1эуэ Алий ф1ащ. Ц1эф1эщ джани щат1агъэ. 1эсхьэд езым и къарук1э и гуащ1эдэк1к1э еп1ыж и бынунагъуэшхуэр- сабиибгъумрэ и фызымрэ.

4.Усак1уэм и сабиигъуэм теухуауэ къэхутак1уэхэм ящ1э псори жа1ащ.

1900 гъэм къалъхуащ.

1908 гъэм къуажэм щеджащ.

1914 гъэм духовнэ семинариемрэ « Ц1агъуэм и университетымрэ» щеджащ. 1915 гъэм Темыр-Хъан-Шурэ щоджэ. Иужьк1э Кърымым ит1анэ Тыркум мак1уэ.

5. Алий и творчествэр зыджа щ1эныгъэл1хэм куэд къахутащ , ит1ани йогупсыс « Старая Крепость, абы къыдэк1а щ1алэ ц1ык1ур сыт хуэдэу щытауэ п1эрэ?» — жа1эри.

И шыпхъу Кэлимэ же1эж:

6. «Алий сабий 1эпсыгъуэлъэпсыгъуэт, щхьэц ф1ыц1эт, къуэгъу ц1ык1ут, нэшхуэт, губзыгъэу плъэрт. Бахъсэн 1уфэ к1уэнти зыгуэрхэм егупсысу щытт.»

7. И къуэш Талий къе1уэтэж: «Алий еджэнк1э ерыщт. Ар мыдрисэм къыщ1адзыжауэ и ныбжьэгъуф1у и егъэджак1уэф1 Ц1агъуэ Нурий Тыркум щык1уам щыгъуэ абы мурад ещ1 Дагъыстаным щеджэну. Унэм ис псоми ар яф1экъабылтэкъым, ауэ зэрыерыщыр пщ1эрти, псори дык1элъыплъырт т1эщ1эмык1ын щхьэк1э. Зы жэщ гуэрым бзэхащ. Иужьк1э къэтщ1ащ Темыр- Хъан- Шурэ зэрыщеджэр.

8. Бгырысхэм хабзэ куэд яхэлъщ. Абыхэм ящыщщ мыр: ц1ыхум къару къызыхихыр зрагъэщ1энумэ йоупщ1: «Сыт хуэдэ кхъуэщын уэ псы узэрефэр?»- жа1эри. Кхъуэщынкъым Алий зэрефар, ат1э щ1эныгъэм и псынащхьэ къабзэщ ар зыхэфар.

Темыр-Хъан-Шурэ зэрыщеджари, Кърымым Гаспринскэ училищэм зэрыщы1ари а псынащхьэм щыщ тк1уэпсхэщ.

9. Щоджэнц1ык1ум япэ дыдэу тхэн щыщ1идзар Тыркум щыщы1а лъэхъэнэрщ. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумк1э «Тыркум хадэм», «Жынгызмэ и нып ф1ыц1эжьхэр», «Нанэ» усэхэм нэмыщ1и усэ, поэмэхэр итхащ, ауэ ди жагъуэ зэрыхъущи, ахэр к1уэдащ. Куэд имыусами «Нанэ» тхыгъэр нобэр къыздэсым адыгэбзэк1э ятхауэ щы1эм я ф1ып1эхэм ящыщ зыщ. А усэм зы гупсысэкъым, зы гурыщ1экъым къи1уатэр. Зи гугъу ищ1ри хамэщ1ым щыхутыкъуа щ1алэм и гурыгъу- гурыщ1эхэм я закъуэкъым, ат1э Тыркум щыпсэу адыгэхэм, зи

Х экужьым къыхуэпабгъэ псоми я плъап1эр, я гугъап1эр, я хъуэпсап1эр абы на1уэ къещ1.

10. Усэ «Нанэ».

11. Хэт жи1эфын пщэдджыжьыр иухыу махуэм щыщ1идзэр? Хэт абы и гъунапкъэр къипщытэфа. Щоджэнц1ык1у Алий и махуэм къыщалъхуа и Хэкум щы1ущ1эжащ. Ауэ абы ипэк1э Францым щыпсэуащ. Париж дэт колледж гуэрым щеджащ. Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэр абы къыдэ1эпыкъуащ. Майм и зы махуэ гуэрым 1919 гъэм щ1алэ къуэгъу пащ1э ф1ыц1э гуэрым, пы1э плъыжь ц1ык1у щхьэрыгъыу и анэм и пащхьэм иуващ: «Ди анэ сыкъыпхуэк1уэжащ. Уэрыншэу, Хэкуншэу схуэхьыжтэкъым».

12. Уэрэдыщ1э, зэманыщ1э, щ1ы къэщ1эрэщ1эжа.

Хадэ имы1эу Алий зыхуейр занщ1эу къыхихащ. Ар бэракъ плъыжьым щ1эуващ, ныбжьэгъу ищ1ынухэри къыхихри, зытехьа гъуэгум зы лъэбакъуэк1и тек1акъым.

Усэ «Хуитыныгъэ».

13.Гъащ1эщ1эр ухуэным гуащ1эу щ1идзащ Щоджэнц1ык1ум. Абы и усэхэр гъэщ1эрэщ1атэкъым, шы дахэ мыжэу зыкърахыу и п1эм иджэгухьыртэкъым, ц1ыхур зыхуейт, зыгъэгушхуэрт, гъащ1эр зы1этт, дунейр зыгъэбжьыф1эт.

Усэ «Лэжьак1уэ марш».

14. Алий еш имыщ1эу мэлажьэ. Ар журналистщ, лэжьыгъэм и лэжьак1уэщ, лекторщ, къуажэ школым щыегъэджак1уэщ. Ауэ игурэ и псэрэ зэтар поэзиемрэ революцэмрэщ. Языныкъуэхэм физикэм хабзэщ1э къыщахутэ, къызэ1уахри а хабзэм ар къызэ1узыхам и ц1эр ф1ащри мык1уэдыжу дунейм къытонэ, адрей языныкъуэхэм сурэт ятх. Усак1уэм езым и поэтическэ хабзэщ1э еухуэж, образ хьэлэмэтхэр къегъэщ1, уэрэд еус, усэ, поэмэ гъуэзэджэ етх. Щоджэнц1ык1у Алий къызэринэк1а тхыгъэм и ф1ып1эр адыгэ поэзием и шыхулъагъуэщ, лъэужь нэхущ.

15. Поэзием имызакъуэу, прозэми къыщигъэнащ Алий лъэужь дахэ. Дигу къэдывгъэгъэк1ыж «Хьэжыгъэ пут закъуэм» щыщ пычыгъуэ: «Сэ си адэм и лъэпагъ сыгъуэлъат. Бжыгъэрэ мардэрэ зимы1э вагъуэхэр уафэм игуэшат. Сэ абыхэм сеплъу, ахэр зыхэздзу сыхэлът. Мы сыхьэтым сэ, дауи, насыпыф1эу салъытэ хъунут. Зы лъэныкъуэк1э, уафэ уэздыгъэхэм я нэбзий лыдхэр пэрыуэншэу си нэк1ум къыщ1адзэрт; нэгъуэщ1 лъэныкъуэк1и щ1ылъэ щхъуант1агъэм щыпсэу тхьэгъэлэдж ц1ык1ухэм я пшыналъэ зэхуэмыдэхэм сыщ1эгуф1ык1ыурэ, сигу хэхъуэрт.»

16. Мы пычыгъуэм хэлъщ гъащ1эм и поэзие лъэщ. Псэк1э бауэу дунейм тетми, уафэми, пшэми, вагъуэхэми, щ1ылъэми я поэзиек1э гъэнщ1ащ. И ныбжьэгъухэми, и 1ыхьлы и благъэми жа1эж.

Алий хуабжьу лажьэу щытащ. Кабинет нэщ1 щыщ1эсми гуп щахэсми, парк жыг хадэм щитми, Бахъсэн 1уфэ щы1утми сыт хуэдэ зэманми усэм хигъэувэн псалъэ къигъуэтырт, ахэр зэпищ1эурэ усэ сатыр ищ1ырт, сатырхэр образ хъурт.

17. Алий сабий ф1ыуэ илъагъурт. Къуажэм ц1ык1уу дэсым тхылъ къахуеджэрт, хамэ къэралхэм щилъэгъуахэр яжри1эжырт. Къуажэм щык1уэжк1э щхьэ зэращ машинкэ здихьырти къуажэ щ1алэ ц1ык1ухэм я щхьэр яхущ1ищэрт. Ар ц1ыхушхуэт, гу хьэлэлт.

18. Мы дунейм щ1ы щ1ы1ум тету къыщ1эк1ынкъым псалъэ гуапэ нэхърэ нэхъ 1эф1. Псалъэ гуапэм ц1ыхур егъэгушхуэ, къызэщ1е1этэ, дэрэжэгъуэ кърет, и лъэр жан ещ1. Ущ1алэу уи шыуанэ зэтеплъхьэрэ гъуэгуанэ утеувэмэ гъуэгур занщ1эу тэмэму пхуэмыубзыхунк1э мэхъу. Алий куэдым сэбэп яхуэхъуащ. Ар гурэ псэк1э ябгъэдэтащ усак1уэ щ1алэхэу Отаров Керим, К1уащ Бет1ал, К1ыщокъуэ Алим сымэ.

19. К1уащ Бет1ал и усэ.

20. К1ыщокъуэ Алим (н. 105 )

21. Мы дунеишхуэр зыгъэгулэза Хэку зауэшхуэр къэхъеиным зыкъом ипэк1э Щоджэнц1ык1ум щ1идзащ зауэ лъыгъажэр щымыгъэ1ыным, фашистхэм за1уащэ бэджыхъыр зэпычыным теухуауэ усэ тхын «Пиренейм и розэ»,Абжанени «Пиратхэр» усэхэми леизехьэхэм щ1эпхъэджагъэ ялэжьхэр лъэщу къыщ1егъэщ Щоджэнц1ык1ум.

Бэджыхъхэщ пиратхэм

Мураду зэ1уфщэр

Фт1ыжауэ фи мащэрщ

Фипкъ пшэрхэм.

22. Хэку зауэшхуэм щ1идза нэужь усак1уэм и пшыналъэм нэхъри зеужь. Щоджэнц1ык1ум етх усэ зыбжанэ Хэкур хъумэжыным ц1ыхухэр къахуриджэу.

23. Усэ «Шагъдий гъэшхахэм теухуауэ».

24. Зауэ.

Псалъэ к1эщ1щ, ар зэзуи дыджщ. Щоджэнц1ык1умрэ я унагъуэм щахъумэ сурэтхэм хэлъщ иужьрей дыдэу Алий зытригъэхар. Мыбы щыдолъагъу Алийрэ и щхьэгъусэ Шэхьдэтрэ я сабий дыгъэл ц1ык1уипл1ыр къепщ1эк1ауэ. Ар мык1уэдыж фэеплъу дунейм къытенащ.

26. Сентябрым и 6 1941 гъэм.

Батайск дыкъэсащ. Псори ныфхуэстхынщ, сэр щхьэк1э фымыгузавэ. Ныбжьэгъу куэд си гъусэщ. Ахъшэм фыщысхь. Къалэм псэугъуей фыщыхъумэ къуажэм вгъэзэж. Алий.

«Лозовая» станцым дыкъэсащ. Дыздашэ лъэныкъуэр тщ1эркъым. Ди 1уэху зытет псор зэк1э ныфхуэстхыфынукъым, ауэ сэр щхьэк1э фымыгузавэ. Фыкъытпэплъэ, куэд мыщ1эу тек1уэныгъэк1э нэдгъэзэжынущ. Алий.

26. Мыр Алий и иужьрей дыдэ тхыгъэщ. Зауэ хуэ1ухуэщ1эми хуэмыгъэсауэ, !эщэ- фащи кърамытауэ ц1ыхур, хьэп1ац1эм хуэдэу зэрыс эшелоныр Киев нэмысыпауэ бомбэ къыхадзэу щ1адзащ. Зауэл1 хъуну ирагъэжьахэр игъуэ нэмысу гъэр хъуащ.

27. Бобруйск. Концлагерь.

Мыр адрей лагерхэм къазэрыщхьэщык1 щы1акъым. Алий сыт хуэдэ бэлыхь ирамыгъэшэчами, сыт хуэдэу псэ зэпылъхьэп1э хуэмызами- сыт щыгъуи ц1ыхуу къэнэжащ.

28. «Л1ы къуэгъурэ вы гъуррэ»- адыгэ псалъэжьщ. Ар щыхьэт тохъуэ Алий и гъащ1эм. 1941гъ ибжьыхьэр дыджт . Я диным ирагъэхьэну, къагъэ1улэну хэтщ, яхуэлэжьэну кърашэным пылъщ, ауэ къахутехьэркъым. Зэм нэхърэ къык1элъык1уэм нэхъ 1ейуэ усак1уэм удын кърадз фашистхэм, ауэ дзыхэу зыри къик1уэтыркъым.

29. 1941гъ ноябрым и 29 иужьрей дыдэу зэ щ1ашыжри къеупщ1у баракым къыщ1ашэжакъым, сыт щыгъуи зэрихабзэу Алий къэзыуфыхьа и ныбжьэгъухэм яжри1ащ: «Къызжи1акъым жывмы1э, псом я щхьэр ц1ыхур ц1ыхуу къэнэжынырщ. Ягъэ к1ынкъым ныбжьэгъухэ»… Мы иужьрей псалъэхэр щыжи1эм Алий и к1уэц1ыр зэхэущэбауэ, лъы къыжьэдэжу, и 1э ижьыр къутауэ, гуэлэлу щытт, ит1ани дзыхакъым. И ныбжьэгъухэм ящыщ гуэрым и цейр Алий и пл1эм къыф1идзэри 1ук1ыжащ. Абы иужьк1э сыхьэт зыт1ущ нэхъ дэмык1ыу л1ауэ къагъуэтыжащ.

30. К1ыщокъуэ А. «Усэ къарук1э бийр бгъэсу».

31. «Лъэпкъым къыхэк1а усак1уэшхуэм яхуэфащэ пщ1э хуищ1ыжыфмэ, ар езым къыдалъхуа и быну къилъытэжмэ, абы щыгъуэм лъэпкъым къыгуры1уэжащ езым нэхъ творческэ къарум мыхьэнэшхуэ зэри1эм, езы лъэпкъым и щхьэм пщ1э хуищ1ыжыф хъуащ»,- жи1ыгъащ М.Горькэм.

32. «Къамботрэ Лацэрэ», «Мадинэ» къытращ1ык1ри спектакль ягъэуващ, оперэ ятхащ. К1уащ Бет1ал итхащ каитатэ « Щоджэнц1ык1у Алий» ди усак1уэхэр Алий папщ1э усэ куэд ятхащ, мывэ джейм къыхищ1ык1ри усак1уэм и бюстыр Тхьэк1умащэ Михаил ищ1ащ. Ди усак1уэр концлагерым жауэ къэзыгъэлъэгъуэж скульптурэр ищ1ащ Крыммамхалов Хьэмзэт.

Гость:

и л1ыгъэрэ хахуагъэк1эрэ,1ущагърэ акъылк1э , ц1ыхугъэрэ нэмыск1э ди лъэпкъыр зыгъэбжьыф1эу л1эщ1ыгъуэ куэдым къак1уэц1рык1а ди лъэпкъым нобэми и мащ1экъым адыгэхэм и пщ1эр лъагэу зы1эта хэкул1хэр. «Ди лъэпкъым и л1ыхъужь» яхужып1э хъунущ апхуэдэхэм. Апхуэдэщ – Идар Темрыкъуэ. Темрыкъуэ лэжьыгъэшхуэ ищ1ащ, тхыдэми литературэми увып1э ин щеубыд. Ар къэбэрдей пщыхэм я нэхъыбэм “пщышхуэу” е “пщы нэхъыщхьэу” ябжырт. Ауэ къэбэрдеипщхэм яхэтащ ар къэзымылъытэ, абы пэщ1эувэ. Темрыкъуэ хущ1экъурт Кавказ Ищхъэрэм щы1эщ1элъ хэкум абы и купщ1эм хуэфэщэн пщ1эрэ увып1эрэ Къэбэрдей псом зэкъуэту щи1ыгьыным. Абы и хэк1ып1эт Къэбэрдейм къэралыгъуэ унафэр зы пщышхуэм щы1эщ1элъыныр. Апхуэдэ зы къэралыгъуэ лъэщ къызэгъэпэщыныр Темрыкъуэ и мурад нэхъ ин дыдэт. Ар къехъул1эн папщ1э Урысейм и политикэр къигъэсэбэпурэ, Темрыкъуэ Кавказ Ищхъэрэм лъэщ щыхъуным, урысхэм я ипщэ — къуэк1ып1э къэрал гъунапкъэхэр гъэбыдэным гулъытэ нэхъыбэ щыхуащ1ырт.Мы къэдгъэлъэгъуахэр щыхьэт тохъуэ Темрыкъуэ и пхъур урысей пащтыхьым щритым, и мурадам щыщ зы 1уэхугъуэр — Къэбэрдейм зы пщыгъуэ унафэр щыгъэувыныр быдэу игу зэрилъар. Адэк1э Къэбэрдейм щек1уэк1а 1у

Нажмите, чтобы узнать подробности

Темэр:»Таурыхъ телъыджэ.»(Акъсырэ Залымхъан и «Дахэнагъуэ»пьесэр).

Насып щ1экъуныр -арщ насыпыр.

К1ыщокъуэ Алим.

Мурадыр:Акъсырэ Залымхъан и «Дахэнагъуэ»пьесэм щыгъэгъуэзэн;

1уэры1уатэр зи лъабжьэ тхыгъэм гъэсэныгъэ-ущииныгъэхуэ

хэлъыр,абы щ1элъ щ1агъыбзэр къэ1уэта зэрыхъуар

убзыхун,лъэпкъым и зэхэщ1ык1ым и 1уэху зэрызиужьым

к1элъыгъэплъын;бзэм зегъэужьын.

Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэхэр:Акъсырэ Залымхъан и творчествэм теухуа презентацэ,псалъалъэхэр,пасэрей зэманым къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэр выставкэ щ1ауэ,макъамэ зэхуэмыдэхэр,интерактивнэ доска.

Макъамэ дахэ къоуэ,абы сабийхэр еда1уэурэ,доскам сурэт зэмыл1эужьыгъуэхэр къыщыдогъэлъагъуэ.СЛАЙД Щ1АУЭ.Сурэтхэм ц1ыху къыщыгъэлъэгъуахэм я нэгухэр зэ1ухащ,гуф1эу щытхэщ.

Егъэджак1уэ:Фи махуэ ф1ыуэ,ц1ык1ухэ!Ди урокым щ1эздзэну сыхуейт мы упщ1эмк1э:сыт хуэдэ гупсысэ мы сурэтхэм фызыхуишэр,сыт мыбы щыфлъагъур?

Еджак1уэхэм:гуф1эгъуэ,дыхьэшх,насып.

Егъэджак1уэ:Пэж дыдэщ.Мы сурэтхэм ц1ыхур насыпыф1эщ къыщыгъэлъэгъуащ.Ц1ык1ухэ,фэрэ дэрэ ди насыпщ.Ди уафэр къащхъуэщ,ди щ1ылъэр щхъуант1эщ,дунейр мамырщ.Дривгъэплъэжыт ат1э тхыдэм,щытауэ п1эрэ сыт щыгъуи ц1ыхухэр апхуэдизу насыпыф1эу?Абы къыхощыж,ц1ыхубэ насыпым,щхьэхуитыныгъэм папщ1э бэнэныгъэ иригъэк1эк1 зэпыту къызэрыгъуэгурык1уар.

Слайдхэмк1э къыдогъэлъагъуэ ц1ыхур зыхэта бэнэныгъэр.

Мис апхуэдэу ц1ыхубэр игъащ1э лъандэрэ насыпым щ1эхъуэпсу,а зыщ1эхъуэпс гъащ1э дахэр къызэрыкъуэк1ынур и ф1эщ хъууэ,гузавэурэ,гузавэми,нэхъыф1ым щыгугъыурэ къэгъуэгурык1уащ.Къэбэрдей тхыдэм ещ1эж Джэримэс 1эджэ,езыхэр тхьэмыщк1эу,ауэ гук1э инхэу,бэнэныгъэм и деж шыщхьэмыгъазэхэу,ц1ыхубэм насып къехъул1эн папщ1э я псэр щ1атыну щытахэу.Е8-нэ классым щыщ1эдзауэ вджа тхыгъэхэм хэт сымэ насыпым и бэнак1уэу дызрихьэл1ахэр?

Еджак1уэ:

1) Щоджэнц1ык1у Алий и поэмэ «Мадинэ» хэт Мадинэ, Заур сымэ.

2) «Къамботрэ Лацэрэ» романым хэт Лацэ, Къамбот, Хьэсанш,

Тембот сымэ.

3) К1эрашэ Т. и «Гъуэгу насыпыф1э» романым хэт Нафисэт и

образыр.

4) Шортэн А. и пьесэ «Нэхур къыщыщ1энэм» хэт Софят, Мурид

сымэ.

Егъэджак1уэ:Урыс тхак1уэшхуэ Юрий Либединскэм мыпхуэдэу же1э:»Художник нэгъэсам и 1эзагъэ уи1эн хуейщ ц1ыхубэм къигъэщ1а хъыбарыжь дыдэр драматическэ сюжетым ибгъэзагъэу усэ жанк1э,усэ дахэк1э къэп1уэтэжын,мы таурыхъ телъыджэр птхын папщ1э».

Сыт хуэдэ хъыбар зи гугъу ищ1ыр тхак1уэм?

Еджак1уэм:1уэры1уатэм щыщ нарт эпосым щыщ зы хъыбарщ.

Егъэджак1уэ:Ат1э сыт фэ фщ1эрэ нартхэм теухуауэ?

Егъэджак1уэм:Иджы сыхуейт,ц1ык1ухэ,пьесэр къызэрыфщыхъуар къэсщ1эну.(тестк1э еджак1уит1 гъэлэжьэн,ЕЩАНЭМ АР КЪЕГЪЭПЩЫТЭЖЫН,ЖЭУАП ТЭМЭМЫР ЗЭРЫТ НАПЭР И1ЫГЪЫУ).

1.Джэримэс ипэ Дахэнагъуэ и лъыхъуак1уэ ежьахэм я 1уэхур дауэ яуха?

2.Абыхэм я мурадыр сытк1э къащхьэщык1рэт Джэримэс игу ирилъхьам?

3.Джэримэс тек1уэныгъэ къихьынк1э щ1эхъуам сыт и щхьэусыгъуэр?

4.Ц1ыхубэр дауэ 1ущ1эрэ Джэримэсрэ Дахэнагъуэрэ?

Ц1ыхубэ-

Егъэджак1уэ:

«Пщым жи1ащи саубыдыну

Си ужь къахур нобэ махуэм,

Къару мащ1эр сухыпауэ

Сыунэхъуакъэ сапэщ1эхуэм?»-хэт мыхэр зи псалъэр ик1и сыт къарык1ыр?

Еджак1уэ:Нап.198.Мыр зи псалъэр Джэримэс къы1ущ1а джэгуак1уэрщ.

Егъэджак1уэ:Хэт сымэ фц1ыхурэ фэ джэгуак1уэхэм ящыщу?

Еджак1уэ:Агънокъуэ Лашэ,Сыжажэ Къылшыкъуэ.Абазэ Къамбот сымэ к1эщ1у я гугъу егъэщ1ын.презентацэр къэгъэсэбэпын.

Егъэджак1уэ:Мы псалъэхэм я мыхьэнэр дауэ къывгуры1уэрэ?

Зи щхьэ закъуэ хуэпсэужхэм

А насыпыр къайхъул1энкъым

Пщыл1уэ щы1эм я гугъап1эр

Хъыбар нэпц1уи къыщ1эк1ынкъым.

1.Сыт хуэдэ гъэ пщыл1ып1эр щы1уахар?

-Епщык1убгъуанэ л1эщ1ыгъуэм,1861 гъэм.

2.Л1эщ1ыгъуэ-илъэс дапщэ хъурэ?

-Зы л1эщ1ыгъуэр илъэсищэ мэхъу.

3.Щэ-сыт хуэдэ бжыгъэц1э?Къызэрык1уэ,зэхэт,зэхэлъ?

-Щэ-р бжыгъэц1э къызэрык1уэщ.

Егъэджак1уэ:Дахэнагъуэ и теплъэр къызыхэщ сатырхэр хэт къигъуэтын?

Нап.207-208.Сатырхэм къеджэхук1э(ЕДЖАК1УИЩЫР ПСЫНЩ1ЭУ ТХЫГЪЭМ ЩЫЩ ПЫЧЫГЪУЭМ КЪОДЖЭ),Дахэнагъуэ и теплъэр сурэту егъэщ1ын.(ЗЫ ЕДЖАК1УЭМ СУРЭТЫР ЕЩ1)

Егъэджак1уэ:Сыт хуэдэ художественно-изобразительнэ 1эмал къигъэсэбэпрэ тхак1уэм Дахэнагъуэ и образыр къыщигъэлъагъуэк1э?

Зэрыжыф1эмк1э.Дахэнагъуэ ц1ыхубз щыпкъэщ.Хэт хуэвгъадэрэ фэ ар?

Еджак1уэ:Си анэм,си шыпхъум.

Егъэджак1уэ:Пэжщ,ц1ык1ухэ,мы тхыгъэр сценэм хуэгъэпсащ.Мы пьесэм лъэпкъ театральнэ искусствэм зиужьынымк1э икъук1э мыхьэнэхухэ и1эщ.Щоджэнц1ык1у Алий и ц1эк1э Налшык дэт театрым и мызакъуэу ар щагъэлъэгъуащ Москва 1957 гъэм,абы и ужьк1и нэгъуэщ1ыбзэхэмк1и зэрадзэк1ыурэ ар щагъэуващ ди къэралым и театр куэдми,нэгъуэщ1 къэралхэми-Англиеми,Болгариеми,Румыниеми.Ар и лъабжьэу композитор Молэ Владимир итха оперэр ди Музыкальнэ театрым щагъэуващ 1991 гъэм.

Словарнэ лэжьыгъэ.

Егъэджак1уэ:»Насып» псалъэм и мыхьэнэр псалъалъэк1э къыхегъэджык1ын.ЕДЖАК1УЭМ СЛОВАРЫМ АР КЪЫЩЕГЪУЭТРИ КЪОДЖЭ

Насыпарэзыныгъэшхуэ бгъуэтам къыуит щытык1э.

-Сыт хуэдэ псалъалъэ мыр?-Адыгэбзэ псалъалъэ,Москва,1999 гъэ.

-Хэт сымэ я 1эдакъэщ1эк1?

-Псалъэ дапщэ ит псалъалъэм?-Мин 31000

Егъэджак1уэ: «Ф1эхъусыр сытми и щыпэщ»,-жи1ащ пасэрейм.Адыгэ сэлам хык1эхэм къыхэщу п1эрэ насыпыр?

-Насып къыздихьауэ тхьэм къыщ1игъэк1.

-Насыпыф1э ухъу.

-Насып тегъуатэ ухъу.

Урысыбзэм мыпхуэдэ псалъэхэр дауэ къыхэщрэ?

-Да снизошлет нам счастье.

-Будь счастлив.

-Да будет счастье Вам.

Еджак1уэхэр гъэлэжьэн гупу,усэ егъэтхын псалъэхэу насып,анэ,дахагъэ къыхэщу.Синквейн.

Егъэджак1уэ: Нт1э,ц1ык1ухэ,илъэс мин зыбжанэ хъуауэ Дахэнагъуэ ди деж къок1уэ.Ди нобэм къэсауэ п1эрэ?

Еджак1уэ:Нт1э,къэсащ.

Егъэджак1уэ:Нт1э,къэсауэ щытмэ,сыт къытхуихьар?

Еджак1уэ:Абы къытхуихьащ насып?

Егъэджак1уэ:Фэ дауэ феплърэ,сыт насыпыр зищ1ысыр?

Егъэджак1уэ:Фыпсэу,ц1ык1ухэ.Насыпыр къызэрвгуры1уар къэдывгъэщ1ащ.

Видео мащ1эм къыщыдогъэлъагъуэ насыпыр ц1ыхухэм къазэрыщыхъур.

Иджы,ц1ык1ухэ,насыпым и мыхьэнэр фэ къызэрывгуры1уэм дедэ1уащ.Иджы сыхуейт фезгъэдэ1уэну ц1ыху зыбжанэм я гупсысэм к1эщ1у.

Егъэджак1уэ:Нт1э,ц1ык1ухэ,уи мурад къохъул1эн папщ1э сыт пщ1эн хуейр?

Еджак1уэ:Ар зы1эрыгъэхьэн,щ1эхъуэпсын,щ1эбэнын хуейщ.

Егъэджак1уэ:Пэжщ,ц1ык1ухэ,ф1ы зигу илъырщ гъащ1эм зи мурадхэр зэщ1а щыхъур.Сыт хуэдэ псалъэжь абы фигу къигъэк1ыр?

Яджар къызэщ1экъуэжын:Нт1э,ц1ык1ухэ,фэри гу зэрыфлъытащи,ц1ыхур насыпым сыт щыгъуи щ1экъун хуейщ.Аращ мы тхыгъэм гупсысэ нэхъыщхьэу щ1элъыр.

Насыпым и лъагап1эм фынэсыну,фи анэдэлъхубзэр ф1урылъу,хабэр фи 1эпэгъуу фыпсэуну,нобэ зи гугъу тщ1а нартхэми хуэдэу фи лъэужь мык1уэдыну сынывохъуэхъу.

Жыг утыкум итым зыхузогъазэри:Нобэ дыздэхьэщ1а Таурыхъ телъыдэр зыхыхьэ Нарт эпосыр езгъэщхьыну сыхуейщ япэ дыдэу щ1ым къытехьа жыгым. А жыгым ф1эсщари «Гъащ1э жыгщ». Жыгым и пкъыр мэж.Ар жыр гъэжауэ зэф1этщ, зэманым и нэпкъыжьэ телъщ. Къудамэу абы тетым щ1эи-гъуни и1экъым. Абыхэм заший, зашэщ1, хьэуа къабзэм зыхаукъуэдие. Бзийхэр, тхьэмпэхэр щхьэк1эм нэсу гуапэу зо1ущащэ. Жыг лъабжьэм къуэж, къыдэжа-ныдэжа и гъунэжщ. Ар и чэзум къот1эп1, мэщхьэлъэ. Кумылэ, жылэ зэрылъ купкъхэм пхъэщхьэмыщхьэхэр ирещ1э, къэк1ыгъэ лъэпкъхэр, лъэпкъыгъуэ л1эужьыгъуэхэр мык1уэдыжын папщ1э.Си гуапэщ мы жыгым къыпыфч кумылэу насыпыр фи гум жылэ нэхъ лъап1э дыдэу щыхэфсэну!(Еджак1уэхэм жыгым жылэр къыпач)

СУНДУК Ц1ЫК1УМ ДО1ЭБЭРИ КЪЫДАХ

Хъыдэжэбз ц1ык1ухэр щ1алэхэм йохъуэхъу:

Сорыкъуэу жану

Бэдынокъуэу 1ущу

Лъэпщ и лъэщагъыр фи1эрэ

Л1ыгъэр фи нэрыгъыу-

гъащ1э дахэ къэвгъэщ1эну дывохъуэхъу!

Хъыджэбз ц1ык1ухэм щ1алэхэри йохъуэхъу:

Сэтэней удзу фыгъагъэу,

Сэтэней гуащэу фыпагэу,

Насыпкъэхьу Дахэнагъуэу,

1эдиихуу гъуэгугъэлъагъуэу

насыпзащ1эу фыпсэуну дыфхуохъуахъуэ!

Егъэджак1уэ:Мы ди урокым къытхуеблэгъа хьэщ1эхэми дохъуэхъу мыбы лъэбакъуэу къачар насыпу яхуэбэгъуэну,узыншагъэ быдэ я1эу гъащ1э дахэ къагъэщ1эну!

Унэ лэжьыгъэ етын.

Оценкэ гъэувыжын.Дамыгъэхэр

Нобэрей псалъэмакъым и к1эухыу К1ыщокъуэ Алим и «Насып» усэм сыкъыфхуеджэну сыхуейт:

Л1эщ1ыгъуэ псоми сеупщ1ащ:

Насыпу лъап1эр дэнэ щы1э?

Л1эщ1ыгъуэ псоми къызжа1ащ,

А ф1ыгъуэр благъэу ди япэ иту

Ит1анэ ахэм яжес1ащ.

Насыпым щхьэхьу сыпежьэнщ

Ар спэгъунэгъумэ,къэслъыхъуэнщи

Нысащ1э дахэу лъагъуэ нэхук1э

Уэрэд хужыс1эу сэ къэсшэну.

Иужь л1эщ1ыгъуэм ар идакъым

И пащ1э ф1ыц1эм 1э дилъауэ

Игу илъыр щэхуу къи1уэтащ:

«Насып жыхуа1эр уэ зэгъащ1э-

Насып щ1экъуныр-арщ насыпыр».

siloksthele919

siloksthele919

Вопрос:

Помогите написать сочинение по кабардинскому языку Даханагъуэ

Трудности с пониманием предмета? Готовишься к экзаменам, ОГЭ или ЕГЭ?

Воспользуйся формой подбора репетитора и занимайся онлайн. Пробный урок — бесплатно!

Ответы и объяснения 1

yokeloilo

yokeloilo

и л1ыгъэрэ хахуагъэк1эрэ,1ущагърэ акъылк1э , ц1ыхугъэрэ нэмыск1э ди лъэпкъыр зыгъэбжьыф1эу л1эщ1ыгъуэ куэдым къак1уэц1рык1а ди лъэпкъым нобэми и мащ1экъым адыгэхэм и пщ1эр лъагэу зы1эта хэкул1хэр. «Ди лъэпкъым и л1ыхъужь» яхужып1э хъунущ апхуэдэхэм. Апхуэдэщ – Идар Темрыкъуэ. Темрыкъуэ лэжьыгъэшхуэ ищ1ащ, тхыдэми литературэми увып1э ин щеубыд. Ар къэбэрдей пщыхэм я нэхъыбэм “пщышхуэу” е “пщы нэхъыщхьэу” ябжырт. Ауэ къэбэрдеипщхэм яхэтащ ар къэзымылъытэ, абы пэщ1эувэ. Темрыкъуэ хущ1экъурт Кавказ Ищхъэрэм щы1эщ1элъ хэкум абы и купщ1эм хуэфэщэн пщ1эрэ увып1эрэ Къэбэрдей псом зэкъуэту щи1ыгьыным. Абы и хэк1ып1эт Къэбэрдейм къэралыгъуэ унафэр зы пщышхуэм щы1эщ1элъыныр. Апхуэдэ зы къэралыгъуэ лъэщ къызэгъэпэщыныр Темрыкъуэ и мурад нэхъ ин дыдэт. Ар къехъул1эн папщ1э Урысейм и политикэр къигъэсэбэпурэ, Темрыкъуэ Кавказ Ищхъэрэм лъэщ щыхъуным, урысхэм я ипщэ — къуэк1ып1э къэрал гъунапкъэхэр гъэбыдэным гулъытэ нэхъыбэ щыхуащ1ырт.Мы къэдгъэлъэгъуахэр щыхьэт тохъуэ Темрыкъуэ и пхъур урысей пащтыхьым щритым, и мурадам щыщ зы 1уэхугъуэр — Къэбэрдейм зы пщыгъуэ унафэр щыгъэувыныр быдэу игу зэрилъар. Адэк1э Къэбэрдейм щек1уэк1а 1у

Знаете ответ? Поделитесь им!

Гость

Гость ?

Как написать хороший ответ?

Как написать хороший ответ?

Чтобы добавить хороший ответ необходимо:

  • Отвечать достоверно на те вопросы, на которые знаете
    правильный ответ;
  • Писать подробно, чтобы ответ был исчерпывающий и не
    побуждал на дополнительные вопросы к нему;
  • Писать без грамматических, орфографических и
    пунктуационных ошибок.

Этого делать не стоит:

  • Копировать ответы со сторонних ресурсов. Хорошо ценятся
    уникальные и личные объяснения;
  • Отвечать не по сути: «Подумай сам(а)», «Легкотня», «Не
    знаю» и так далее;
  • Использовать мат — это неуважительно по отношению к
    пользователям;
  • Писать в ВЕРХНЕМ РЕГИСТРЕ.

Есть сомнения?

Не нашли подходящего ответа на вопрос или ответ отсутствует?
Воспользуйтесь поиском по сайту, чтобы найти все ответы на похожие
вопросы в разделе Другие предметы.

Трудности с домашними заданиями? Не стесняйтесь попросить о помощи —
смело задавайте вопросы!

В данном разделе публикуются вопросы и ответы на них к непопулярным предметам.

и л1ыгъэрэ хахуагъэк1эрэ,1ущагърэ акъылк1э , ц1ыхугъэрэ нэмыск1э ди лъэпкъыр зыгъэбжьыф1эу л1эщ1ыгъуэ куэдым къак1уэц1рык1а ди лъэпкъым нобэми и мащ1экъым адыгэхэм и пщ1эр лъагэу зы1эта хэкул1хэр. «Ди лъэпкъым и л1ыхъужь» яхужып1э хъунущ апхуэдэхэм. Апхуэдэщ – Идар Темрыкъуэ. Темрыкъуэ лэжьыгъэшхуэ ищ1ащ, тхыдэми литературэми увып1э ин щеубыд. Ар къэбэрдей пщыхэм я нэхъыбэм “пщышхуэу” е “пщы нэхъыщхьэу” ябжырт. Ауэ къэбэрдеипщхэм яхэтащ ар къэзымылъытэ, абы пэщ1эувэ. Темрыкъуэ хущ1экъурт Кавказ Ищхъэрэм щы1эщ1элъ хэкум абы и купщ1эм хуэфэщэн пщ1эрэ увып1эрэ Къэбэрдей псом зэкъуэту щи1ыгьыным. Абы и хэк1ып1эт Къэбэрдейм къэралыгъуэ унафэр зы пщышхуэм щы1эщ1элъыныр. Апхуэдэ зы къэралыгъуэ лъэщ къызэгъэпэщыныр Темрыкъуэ и мурад нэхъ ин дыдэт. Ар къехъул1эн папщ1э Урысейм и политикэр къигъэсэбэпурэ, Темрыкъуэ Кавказ Ищхъэрэм лъэщ щыхъуным, урысхэм я ипщэ — къуэк1ып1э къэрал гъунапкъэхэр гъэбыдэным гулъытэ нэхъыбэ щыхуащ1ырт.Мы къэдгъэлъэгъуахэр щыхьэт тохъуэ Темрыкъуэ и пхъур урысей пащтыхьым щритым, и мурадам щыщ зы 1уэхугъуэр — Къэбэрдейм зы пщыгъуэ унафэр щыгъэувыныр быдэу игу зэрилъар. Адэк1э Къэбэрдейм щек1уэк1а 1у

Похожие вопросы:

Иконка предмета

Другие предметы, 07.03.2019 08:52

Реши уравнение 3 x равно 24 / x равно 6 — y равно 30 решить уравнение номер 4

Ответов: 2

Иконка предмета

Другие предметы, 07.03.2019 10:03

Что больше? 200^300 или 300^200? почему?

Ответов: 3

Иконка предмета

Другие предметы, 07.03.2019 13:43

Из одного города в противоположные стороны выехали велосипедист со скоростью 11,3 км/ч и мотоциклист со скоростью 40,7 км/ч. через сколько часов расстояние между ними будет 36,4 км? ​

Ответов: 3

Иконка предмета

Другие предметы, 07.03.2019 17:11

Если коню дополнительно к сену в день давать 1.6 кг овса, то запаса овса хватит на 40 дней. на сколько дней хватит овса, если коню давать 2 кг овса в день? решите с пропорций.​

Ответов: 1

У тебя есть свой ответ?

Умоляю написать сочинение по кабардинскому языку на тему «Дахэнагъуэ»…

Вопросы по другим предметам:

Категория

Геометрия, 24.09.2019 08:20

Категория

Русский язык, 24.09.2019 08:20

Категория

Биология, 24.09.2019 08:20

Категория

Немецкий язык, 24.09.2019 08:20

Категория

Математика, 24.09.2019 08:20

Категория

Русский язык, 24.09.2019 08:20

Категория

Математика, 24.09.2019 08:20

Категория

Английский язык, 24.09.2019 08:20

Категория

Информатика, 24.09.2019 08:20

Категория

Литература, 24.09.2019 08:20

Категория

Математика, 24.09.2019 08:20

Категория

Геометрия, 24.09.2019 08:20

Категория

Математика, 24.09.2019 08:20

Категория

Биология, 24.09.2019 08:20

Категория

Категория

Математика, 24.09.2019 08:20

Категория

Русский язык, 24.09.2019 08:20

Категория

Алгебра, 24.09.2019 08:20

Категория

Категория

Қазақ тiлi, 24.09.2019 08:20

Дэ дыкъэзыхъуреихь псори ди Хэку дахащэращ. Дэ  Хэкум худиIэ лъагъуныгъэр дызэрыцIыкIу лъандэрэ къытхалъхьащ ди адэ-анэм, ди егъэджакIуэхэм.

Аддэ, зы  зэман гуэрым  Каспий тенджызымрэ Тенджыз ФIыцIэмрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэм
зыл
I и быну, лъэпкъ пщыкIутIу зэхэт ди адыгэхэр щыпсэугъащ, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр
яхъумэжу. Адыгэхэр зэик
I зауэ-банэкIэ зэралъэфэлIа мылъкукIэ, е нэгъуэщI лъэпкъ гъэру яубыдрэ игъэпщылIу абы и пщIэнтIэпскIэ псэуакъым.  АтIэ ахэм гъавэ хасэт, Iэщ ягъэхъут, жыг, хадэхэм елэжьхэт, я
гуащ
Iэ къабзэ, хьэлэлкIэ псэужхэт. Ахэм я щхьэм пщIэ хуащIу, пагагъэр я бэу, лIыгъэрэ хахуагъэрэкIэ, пэжыгъэкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуахэу дунейм тетахэщ. Адыгэхэр тэтэр хъанми, урыс
пащтыхьми лъэгуажьэмыщхьэу ягъэувыфакъым, куэдым я хэкур ирагъэбгынами.

Ди адыгэ лъэпкъым зэхэтыкIэ дахэ яIэт. Дэтхэнэ цIыхуми и хэкум нэхъапэ иIэкъым, уеблэмэ и гъащIэм япэ ирегъэщ.

                                           Cи
хэкууэ дыщэ губгъуэ,

                                                      ГъащIэщIэм
и епэр!

                                                      Кавказым
и щ
Iы
ф
Iыгъуэ,

                                                      Уи
теплъэм
IэфI
ещ
I
псэр!

Си Хэку дыщэ! Сыту фIыщэу
услъагъурэ! Сэ къысщохъу и Хэкум зи псэр хуемы
Iэ щымыIэу. Дэ ди Хэкум ис лъэпкъ
псори ф
Iыуэ зэролъагъу икIи зэдэIэпыкъуу зэдопсэу.  Ди  Хэкум бий бзаджэхэр къыщытеуам цIыху псори, зым хуэдэу, къызэщIэтэджащ, я Хэкур яхъумэжыну, икIи кърагъэлащ ди щхьэхуитыныгъэр.

Сыт хуэдэ Iуэху яужь симытми, зэпымыууэ согупсыс, си къарум къызэрихькIэ си Хэкум къулыкъу зэрыхуэсщIэным. Хэкум къулыкъу хуащIэмэ, мамырыгъэм хуэлажьэу арщ. Мамырыгъэр ди дежкIэ гъащIэ насыпыфIэщ. Дэ дыхуейщ ди цIыхухэм я гъащIэ насыпыфIэр махуэ къэс нэхъри нэхъыфI, нэхъ тынш, нэхъ хъуэпсэгъуэ хъуну. Аращ къулыкъу зыщIэхэр псэемыблэжу щIыхущIэкъур къэралу щыIэр я нэхъ лъэщу щыт ди Хэкур нэхъри нэхъ лъэщыж зэрыхъуным. Къулыкъу зыщIэ куэдым я гъащIэр лIыхъужьыгъэ хэлъу Хэкум

папщIэ ят. Хуей хъууэ щытмэ, сыхьэзырщ си Хэку лъапIэм папщIэ си псэр стыну.

Ди Хэкум дыхуэпэжу дунейм дытетын хуейщ.

Сэ сынасыпыфIэу зызолъытэж, сыту жыпIэмэ си Хэку лъапIэм  сисыжщи. Зи Хэку имысыж цIыхур тхьэмыщкIэщ. И Хэкум зи псэр хуемыIэ щыIэкъым. Хэкум и джэ макъыр зылъэмыIэси дунейм теткъым. А псалъэхэр дэ хамэ
къэралхэм ипхъыхьа ди лъэпкъэгъухэм я щапхъэк
Iэ жыдоIэф. Адэжьхэм я псэр
зыщыхуарзэ хэкужьым къэмык
Iуэным   щIэмыхъуэпс хэхэсу псэу ди  дэлъхухэм,  шыпхъухэм
зэрахэмытыр хьэкъщ. Адыгэхэр дэнэ хэку къыщымыхутами, зэрыадыгэу къэнэжын
хуейщ. Дэнэ щ
IыпIэ щымыпсэухэми ди адыгэбзэр, ди
хабзэр, нэмысыр яхъумэжын хуейщ. Сэ согугъэ, си лъэпкъ уардэ,
зэгуэрым адыгэ псори зэрыгъуэтыжыну.

Хырехъуэ махуэ къэс ди мылъкум, ди Хэкум, цIыхухэм зраужь!

Адыгэ уафэ,

Адыгэ щIылъэ,

Уэгум сихьамэ,

щIылъэр си плъапIэщ.

Адыгэ уафэ,

Адыгэ щIылъэ,

Уи лъахэм ситмэ,

Дунейм сытеткъэ.

Уи къалэ щхьиблым

Зыкърагъэщхьу,

Вагъуэзэщиблыр

жэщкIэ зэщIоблэ.

А блым еянэу,

Нэхъ ябжьэфIэкIыу

Си гурыфIыгъуэр

Адыгэ хэкукъэ.

Уи нэр зыдэплъэм

Уи лъэр лъоIэсыр.

Къырым илъ дани

УлъэIэсакъэ.

Адыгэ уафэ,

Адыгэ щIылъэ,

Уи лъахэм ситмэ,

Дунейм сытеткъэ.

СОЧИНЕНЭ

"Уи Хэкур лъэщмэ урогушхуэ,
Хэти езым и Хэкур фIыуэ елъагъу"

Понравилась статья? Поделить с друзьями:

Новое и интересное на сайте:

  • Сочинение давление со стороны сверстников
  • Сочинение дахаран некъ
  • Сочинение давайте говорить на разных языках
  • Сочинение дастархан 3 класс по картине галимбаевой
  • Сочинение гъэмахуэ на кабардинском гъэмахуэ

  • 0 0 голоса
    Рейтинг статьи
    Подписаться
    Уведомить о
    guest

    0 комментариев
    Старые
    Новые Популярные
    Межтекстовые Отзывы
    Посмотреть все комментарии