Описание презентации по отдельным слайдам:
-
1 слайд
Нало Заур
Нало Заур Мухьэмэд и къуэр Аруан
районым щыщ Старэ Урыху къуажэм
1928гъэм къыщалъхуащ.Абы и1эдакъэ
къыщ1эк1ащ тхыгъэ зыбжанэ куэд
адыгэбзэк1и урысыбзэк1и. «Усэхэр»,
«Бзухэм я бзэ», «Аслъэныкъуэ»,
«Къуалэбзухэр», «Зэрыджэхьэ»,
«Джэгу зэхэшэ», «Ц1ыху напэ»,
«Щ1ымахуэ» нэгъуэщ1хэри . -
2 слайд
Махуэр уейщи жьы зэпихум
-
3 слайд
ЩIымахуэ.
1) ЩIымахуэ мазэхэр фигу къэвгъэкIыж.
ЩIымахуэр мазищ мэхъу: декабрь, январь, февраль.
2) Щ1ымахуэм теухуа псалъэмакъ.
ЩIымахуэм дунейр щIыIэщ, уэс куу къос, ихъуреягъыр уэсым щIигъэнащ….Къуажэхьхэр къафщIэ: Уеплъым гъуджэ, уеджэм дэгу (мыл).
Ди пщIантIэм пIэтепхъуэ хужь тепхъуащ (уэс).
Ди бжэгъу щхьэкIэм джэдыкIэ хужь цIыкIу пылъщ (уэс).
Iэди уади зезымыхьэу псым лъэмыж тезылъхьэ (щIыIэ, мыл).
ЩабэрыкIуэ мэз кIуэрей (Iэжьэ).ЩIымахуэм теухуа псалъэжьхэр зэвгъащIэ.
Гъэм и зы махуэм щIымахуэм уегъашхэ.
Гъэмахуэм къыумылэжьар щIымахуэм бгъуэтыжыркъым.
Гъэмахуэм умыгъэтIылъа щIымахуэм къэпщтэжыркъым. -
4 слайд
1)Щ1ымахуэр къихьащ.
2)Уэсым ихъуреягък1э псори ихуэпащ.
3)Бзухэр –щ1ымахуэм.
4)Унэ-псэущхьэхэр щ1ымахуэм.
Къуалэбзухэр-щ1ымахуэм. -
-
-
-
-
-
-
-
12 слайд
ЩIЫМАХУЭ.
1.Щ1ымахуэ пщэдджыжьыр
сыт хуэдэу къыхэщрэ рассказым?2.Залым и махуэхэр дауэ игъак1уэрэ?
3.Залым дауэ ежэхрэ бгым лыжэк1э?
4.Ипэк1э щ1ымахуэм сыт хуэдэ гузэвэгъуэ ц1ыхухэм къахилъхьэу щытауэ жи1эжрэ
Залым и адэм? -
13 слайд
Узыншэу фыщытхэ!
Муниципальное казенное общеобразовательное учреждение «Средняя общеобразовательная школа №17» г.о.Нальчик КБР
Нало Заур «Щ1ымахуэ»
(епл1анэ классым щек1уэк1а урок зэ1ухам и план-конспект)
Адыгэбзэмрэ литературэмк1э егъэджак1уэ
Щад Эммэ Жыраслъэн ипхъу
Налшык 2019 гъ.
Темэр: Нало Заур «Щ1ымахуэ» (епл1анэ класс)
Мурадхэр:
-
щ1ымахуэм и теплъэр, и щ1ытык1эр усак1уэм и творчествэм 1эзагъэшхуэ хэлъу къызэрыщыгъэлъэгъуам еджак1уэ ныбжьыщ1эхэр к1элъыгъэплъын;
-
къэзыухъуреихь дунейм къыщыхъу зэхъуэк1ыныгъэхэм теухуауэ я1э щ1эныгъэхэр егъэбыдыл1эн, дахагъэр сабийхэм зэхегъэщ1эн, ар хъумэн, егъэф1эк1уэн зэрыхуейм хуэгъэсэн;
-
тхыгъэм къеджэнымк1э яхузэф1эк1ыр егъэф1эк1уэн, я бзэм зегъэужьынымк1э лэжьыгъэхэм пыщэн;
-
еджак1уэ ц1ык1ухэр гуп лэжьэк1эм, зэдзыл1ауэ зэгъусэу лажьэу егъэсэн.
Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэхэр: интерактивнэ доска, компьютер, проектор, Нало Заур и творчествэмк1э презентацэ, щ1ымахуэ зэманым теухуа видеотеплъэгъуэхэр, еджак1уэхэм ягъэхьэзыра 1эрыщ1 тхылъ ц1ык1ухэр, ящ1а сурэтхэр.
Урокыр зэрек1уэк1ынур
I. Урокым хэзышэ дакъикъэ
1.Сэлам зэхын, гъэт1ысын, урокым и мурадхэм щыгъуазэ щ1ын.
2.Щ1ымахуэ зэманым теухуа видеотеплъэгъуэхэр къэгъэлъэгъуэн. (еджак1уэхэм ящ1а сурэтхэр къагъэсэбэпурэ щ1ымахуэ теплъэгъуэхэм топсэлъыхь)
3. Щ1ымахуэм теухуауэ урысыбзэк1э ящ1э таурыхъхэр адыгэбзэк1э къегъэ1уэтэжын. «Двенадцать месяцев», «Снегурочка»
II. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын
1.Еджак1уэхэм ягъэхьэзыра «Щ1ымахуэ» зи ф1эщыгъэц1э тхылъ 1эрыщ1хэм, гуп-гупу гуэшауэ тегъэпсэлъыхьын. (зытепсэлъыхьыр нэхъ куууэ зэхащ1эн папщ1э, щ1ымахуэм ехьэл1а макъамэ хуэму къегъэуэн)
III. Темэщ1эм хэзышэ лэжьыгъэ
1) Упщ1эхэм жэуап ирегъэтын:
— Дунейм и теплъэр дауэ къыщыгъэлъэгъуа усэм?
— Сыт щ1ымахуэр фигу щ1рихьыр?
— Щ1ымахуэ зэманым фигу иримыхьу сыт хэт?
— Сыт хуэдэ усэхэм феджа щ1амахуэм теухуауэ? (усэ зэджахэр къегъэщ1эжын)
Аф1эунэ Лиуан «Япэ уэс», Щоджэнц1ык1у 1эдэм «Илъэсыщ1э», Щоджэнц1ык1у Алий «Щ1ымахуэ», Елгъэр Кашиф «Илъэсыщ1э»
2) Щ1ымахуэм теухуауэ сыт хуэдэ псалъэжьхэмрэ къуажэхьхэмрэ фщ1эрэ?
Доскам къытридзэ псалъэжьхэр нэгъэсыжын (ц1ык1ухэр гупит1у гуэшауэ зэпоуэ).
Гъэмахуэм 1эжьэ щ1ы… ( щ1ымахуэм гу щ1ы)
Щ1ышылэр… (щ1ымахуэм ипщщ)
Уэс щесам… (лъэужь щы1эщ)
Февралым и блым…. (мылым утемыхьэ)
Къуажэхьхэр
Уеплъмэ гъуджэ, уеджэм дэгу. (Мыл). Ди пщ1ант1э п1этепхъуэ хужь тепхъуащ. (Уэс) Щабэрык1уэ мэз к1уэрей (1эжьэ) Гъэми щ1ыми щхъуант1э, Илъэсыщ1эм ягъэщ1эращ1э (псей)
3) Щ1ымахуэм и нэщэнэхэр къыжегъэ1эн.
Уэсыр куумэ гъэр ф1ы мэхъу.
Бжьыным фэ куд телъмэ, щ1ымахуэр щ1ы1э мэхъу.
Вагъуэбэр щ1ым зэрынэсу, щ1ыри псыри мэщтри щ1ымахуэм щ1едзэ.
— Нобэрей ди дерсыр зытеухуар къэфщ1ауэ п1эрэ, ц1ык1ухэ? (Щ1ымахуэ зэманырщ.) Адэк1э, Нало Заур гъэм и зэман нэхъ дахэ дыдэм зэрыхущытым щыгъуазэ зытщ1ынщ.
4) Нало Заур теухуа презентацэр доскам къытрегъэдзэн.
Усак1уэ гъуэзэджэм и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ тепсэлъыхьын (к1эщ1у) Нало Заур 1928 гъэм Хьэтуей къуажэ къыщалъхуащ.1952 гъэм Къэбэрдей пединститутыр къиухри, щригъэджэн щӀидзащ. 1954 гъэм щыщӀэдзауэ КъБР-м щӀэныгъэхутэ иджы гуманитар къэхутэныгъэхэмкӀэ и институтым щылэжьащ. Усэ тхылъ зыбжанэм, новеллэ тхылъым, повестым, рассказхэм, адыгэ культурэм и тхыдэм пыщӀа къэхутэныгъэ тхылъхэм, статья щхьэхуэ куэдым я авторщ. И усэхэр, нэгъуэщӀ литературэ лэжьыгъэхэр дунйем къытохьэ 1948 гъэ лъандэрэ. Ахэр щызэхуэхьэсащ «Бзухэм я бзэм» (1959), «Аслъэныкъуэ» (1967), «Усэхэр» (1973), «Дыгъэеджэ» (1976) тхылъхэм, нэгъуэщӀхэми.
IV. Зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэ. Адыгэ къафэ мэкъамэ къеуэм ек1уу сабийхэм я 1эпкълъэпкъым зезыгъэшэщ1 адыгэ къафэм и элементхэр егъэгъэзэщ1эн.
V.Темэщ1эм елэжьын
1) Нало Заур и «Щ1ымахуэ» усэм къеджэн. (Усэр къазэрыщыхъуар жегъэ1эн)
— Хэт къызжи1эн сыт зытеухуар мы усэр? (Щ1ымахуэм)
— Жьым и зэф1эк1ыр дауэ къыщыгъэлъэгъуа усэм?( сатырхэр къегъэгъуэтын) Цы1эрылъхьэу кърехьэхри… Щындэбзийхэр къепхъэнк1ыхь… — Сытым иригъапщэрэ усак1уэм щ1амахуэм и 1эмалхэр? — Фэ дауэ фыхущыт щ1ымахуэ зэманым?
(Ц1ык1ухэр щ1ымахуэм зэрыджэгу джэгук1эхэм тегъэпсэлъыхьын, щ1ымахуэ спорт л1эужьыгъуэу сыт хуэдэхэр ящ1эми жегъэ1эн)
VI. Яджар егъэбыдыл1эн:
1)Усэм езыр-езыру къегъэджэн.
2) Тхылъым ит упщ1эхэм жэуап ирегъэтын.
3)Зэрылажьэ тетрадымк1э гъэлэжьэн.
VII. Еджак1уэхэм я лэжьэк1ам и ф1агьыр къегъэпщытэжын.
Урокым щагъэзэщ1эну зыхунэмысамрэ я щ1эныгъэм щыщ1эныгъэ и1эу къахутэжамрэ зэрелэжьынур егъэубзыхун.
VIII. Унэ лэжьыгъэ етын (н. 58, усэр гук1э зэгъэщ1эн)
Оценкэ гъэувын,cэлам ехыжын/
Узыншэу фыщыт!
Темэр. Бзэм зегъэужьын. Изложенэ «Щ1ымахуэ
мэзым».
Мурадыр. Я бзэм, тхыбзэм, зэф1эк1ым зегъэужьын.
Яджа пэжырытххэм я хабзэхэр къагъэсэбэпурэ изложенэм и текстым
пэгъунэгъу хъыбар ятхыфу есэн.
Урокыр
зэрек1уэк1ынур
1. Урокым зэрыхуэхьэзырымк1э (зэрылэжьэну 1эмэпсымэхэмк1э къызэрызэгъэпэщар)
еджак1уэхэм зыкъегъэпщытэжын.
2. Изложенэм елэжьын.
1) Изложенэм къахуеджэн.
Щ1ымахуэ
мэзым
Уэсыр лъэгуажьэм къэсу куущ ик1и
быдэщ. Дэ мэз гъунэ дыдэм дыщытщ. Мы щ1ып1эр дэ куэдрэ тлъэгъуащ, ауэ къытхуэц1ыхужыркъым.
Дэнэ к1уа мыбы дежым ита хьэцыбанэ гуэрэн къомыр? Зыгуэрым ириупщ1ык1ауэ ара?
Хьэуэ, ахэр иджыри итщ. Ат1э плъагъуркъым. Ахэр хьэщхьэтеуэм щ1ым нэсу
къришэхри уэс куум щ1игъэнащ. Езы мэз дыдэри гъэмахуэм е бжьыхьэм зэрыщытам
ещхьыжкъым. Кхъужьей лъагэхэри, мей къудамэшхуэхэри, пыжьей банэхэри-псори
хужьыгъэм щ1игъэнащ. Мэз щ1агъыр нэщ1щ ик1и щымщ. Зэзэмызэ хьэщхьэтеуэм
къришэха къудамэхэр жьы къыкъуэуам зэхегъэщ1ыщ1э. Уэс щ1ы1ум лъэужь куэд и1эщ.
Ар тхьэк1умэк1ыхьхэм, бажэхэм, дыгъужьхэм я лъэкъуап1эщ.
2) Зи тхык1эм щхьэхуэу
щыгъуэзапхъэ: гуэрэн, хьэщхьэтеуэм, зэхегъэщ1ыщ1э, лъэкъуап1эщ
3) Текстым план хуэгъэувын.
1.
Уэсыр куущ.
2.
Мэз гъунэм дыщытщ.
3.
Дэнэ к1уа хьэцыбанэ гуэрэн
къомыр?
4.
Псори хьэщхьэтеуэм щ1игъэнащ.
5.
Мэзыр нэщ1щ ик1и щымщ.
6.
Уэс щ1ы1ум лъэужь куэд и1эщ
4) Планымк1э текстыр сабийт1-щым къыжегъэ1эжын.
3. Изложенэр егъэтхын.
4. Унэ лэжьыгъэ.
Правилэхэр къэпщытэжын.
Махуэл1 Беслъэн
Адыгэ сабийхэм зэрызагъэпсэхуу щытар
1 езыгъэк1уэк1ым:
-
Сэлам гуапэ фыдох ик1и фыкъыдогъэблагъэ «Адыгэ сабийхэм зэрызагъэпсэхуу щытар» жыхуи1э теплъэгъуэм.
2-нэ езыгъэк1уэк1ым:
-
Нобэрей адыгэ сабийр «еджэным сыкъыщыдэхуэ зэманыр дауэ згъэк1уэн» жи1эу гугъу ехьыркъым. Ар тхылъ йоджэ, макъамэ дахэхэм йода1уэ, телевизор йоплъ, уи нэгу зыщебгъэужь хъуну щ1ып1эхэм къыщек1ухь.
Дауэ хъурэт-т1э пасэм псэуа сабийхэр? Дауэ загъэпсэхурэт? Дауэ я зэш трагъэурэт?
1. — Адыгэхэм мыхьэнэшхуэ иратырт ди щ1эблэр щэныф1эу, гушхуауэ, къарууф1эу къэгъэхъуным. Абы папщ1э къат1эщ1ырт 1уэры1уатэу — дыщэ пхъуантэри абы хъугъуэф1ыгъуэу дэлъыр къыхудащыпык1ырт, абы къык1элъык1уэу джэгук1э гъэщ1эгъуэнхэм драгъэхьэхырт.
2 — Ат1э дэри фыкъыдогъэблагъэ Къармэхьэблэ къуажэм дэсу зы бынунэ зэгуры1уэм я деж. Феплъ, феда1уэ, зывгъэпсэху, зэвгъащ1э пасэ зэманым адыгэ сабийхэм зэрызагъэпсэхуу щытар — фэри къыфщхьэпэн гуэри къыхэфлъэгъуэни!
1. — Ди 1уэры1уатэу — дыщэ пхъуантэр къызэтыдохри, и1эт, ц1ык1ухэ, фыкъеувэк1, фыкъет1ысэк1, дывгъэлъагъут фи акъылым и жанагъыр, лъэпкъ 1ущыгъэхэр ф1ыуэ зэрыфщ1эр!
Псалъэжьхэр жа1э:
-
Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи т1ыс.
-
Уи япэ джэлам ущ1эмынак1э.
-
Уи адэ и щ1ап1э гъэдахэ, уи анэ дахэу епсалъэ.
-
1ей пщ1ауэ, ф1ы ущымыгугъ.
-
Уи япэк1э мывэ хъурей бгъажэмэ, у1уощ1эж.
-
Пасэрейхэм гулъытэшхуэ хуащ1ырт сабийм и гупсысэк1эм, и губзыгъагъым зиужьыным.
Ди дыщэ пхъуантэм аргуэру дыдо1эбэри, бжэк1э хьэлэмэт къыдок1. Фэ, ц1ык1ухэ, дауик1, мелуаным нэск1и, нэхъыбэжк1и фыбжэфу къыщ1эк1ынщ, илъэситху-хы нэхъыбэ мыхъу сабийхэр бжэк1э зэрырагъасэми фыщыгъуазэ хъунщ.
Т1ур мабжэ:
Зы — щхьэзакъуэ насыпыншэщ
Т1у — нит1ыр зэрощ1э
Щы — адыгэ 1энэр лъакъуищщ
Пл1ы — шым и лъакъуипл1ыр узыншэмэ, к1уэк1э и1эщ
Тху — 1эпхъуамбитхур зэшхуэзэесщ
Хы — щырыщу т1ур хыщ
Блы — Вагъуэзэшиблым загъазэмэ, нэху мэщ
И — вэрэвийр зэдекъумэ, пхъэ1эщэр щ1аш
Бгъу — бгъур пщ1эмэ, зыр къэтщ
Пщ1ы — пщ1ым нэс убжэмэ, зэк1э хъунщ
Бжэк1эм иджыри и зы щапхъэ.Уэ зы! Уэ т1у!
Псыхьэ здэк1уам, пхъэхьхэр я дамащхьэм телъу, зэнысэгъуит1ыр мэуэршэр:
-
Уэ зы!
-
Зыр мыгъуэ мэхъу!
-
Уэ т1у!
-
Нит1ым ялъагъур щыпкъэщ!
-
Уэ щы!
-
1энэр лъакъуищмэ, мэув.
-
Уэ пл1ы!
-
Жэм быдзипл1ыр зэхуэдэмэ, шаф1эщ.
-
Уэ тху!
-
1эпхъуамбитхум хамэ хэткъым.
-
Уэ хы!
-
Хым хэхуэр етхьэлэ.
-
Уэ блы!
— Вагъуэзэшиблым загъазэмэ, нэху мэщ.
-
Уэ и!
-
И гъущ1рэ пэт ешх.
-
Уэ бгъу!
-
Дыгъужьибгъу ежэри аргъуей куэпкъ яхуэшхакъым.
-
Дыгъужь шыр хъунт.
-
Шыр-мышырми Тхыпц1эхэ я выгъашхэм ехьэехуэрт.
-
Выгъашхэр ц1ык1у хъунт.
-
Ц1ык1у-мыц1ык1уми бгы лъапэм теувэрти бгыщхьэм щыхъуак1уэрт.
-
Бгыр лъахъшэ хъунт.
-
Лъахъшэ-мылъахъшэми щауэр дэплъеймэ, и пы1эр щхьэрыхурт.
-
Щауэ жыхуэп1эр сабий хъунт.
-
Сабий-мысабийми псыкъуийм е1эбыхырти псы къригъахъуэрт.
-
Псыкъуийр чэнж хъунт.
-
Чэнж-мычэнжми пщэдджыжьым пэгуныр ебдзыхмэ, пщыхьэщхьэм и лъащ1эм нэсу арат.
-
Махуэр к1эщ1 хъунт.
-
К1эщ1-мык1эщ1ми пщэдджыжьым шк1ащ1э дэпхуамэ, пщыхьэщхьэм танэ хъуауэ къыдыхьэжырт.
Абы хэту зы шу къыкъуэк1ащ. «Мы шур дэнэ къиук1, псэлъэн щ1эддза къудейуэ…» — жа1эри тхьэусыхэурэ ежьэжащ.
-
1. — Ди дыщэ пхъуантэр щ1эншэщ, ди 1уэры1уатэм гъунэ итлъа къудейщ. Къебжэк1хэр къыдыдох. Хэт, ц1ык1ухэ, фэ фщыщу къебжэк1ым хуэ1эзэр, хэт и жьэнахуагъэм дык1элъигъэплъын?
Т1ум къебжэк1 жа1э:
-
Си къаз пльэгъуа? — Вындыр-щэ?
-
Слъэгъуащ. — Жыгым пысщ.
-
Дэнэ к1уа? — Жыгыр-щэ?
-
Абгъуэм исщ. — Уэщым иреупщ1э.
-
Сыт къиук1эц1? — Уэщыр-щ1э?
-
Джэдык1э. — Пщ1ащэм хэлъщ.
-
Хэт ишх? — Пщ1ащэр-щэ?
-
Мэлыхъуэм. — Лыгъэм ес.
-
Сыт къыдит? — Лыгъэр-щэ?
-
Хъурыфэ. — Псым егъэунк1ыф1.
-
Хэт игъэтэдж? — Псыр-щэ?
-
Тэджырей. — Хьэм иреф.
-
Хэт ибз? — Хьэр-щэ?
-
Бзэрей. — Л1ым щ1ыгъущ.
-
Хэт ид? — Л1ыр-щэ?
-
Дэрей. — Мэкъу йоуэ.
-
Хэт щит1агъэ? — Мэкъур-щэ?
-
Уи шыпхъум. — Шхалъэм дэлъщ.
-
Дэнэ ук1уэ? — Шхалъэр-щэ?
-
Хьэщ1ап1э. — Жэмыр бгъэдэтщ.
-
Сыт къраугъэшх? — Жэмыр-щэ?
-
Щыхь куц1рэ фо — П1ап1у къехь.
ц1ынэнэ. — П1ап1ур-щэ?
-
Си 1ыхьэр-щэ? — Джэдум иреф.
-
Гъуанэм илъщ. — Джэдур-щэ?
-
Илъыжкъым. — Гъуанэм исщ.
-
Дэнэ к1уа? — Гъуанэр-щэ?
-
Вындым ишхащ. — Уэ уисыжщ.
2. — Фи анэбзэу-фи адыгэбзэр ф1ыуэ зэрыфлъагъур, зэрывгъэшэрыуэр къыджезы1энур псынщ1эрыпсалъэхэрщ. Псынщ1эрыпсалъэхэр жы1эгъуей щхьэк1э, бзэр къута хъунымк1э сэбэпышхуэт, щ1эныгъэ зэмыл1эужьыгъуэхэм я къихып1эт.
Псынщ1эрыпсалъэхэр жа1э:
-
Зазэ и зэзыр зэзэмызэ мэуз.
-
Пыжь пызу пыту щыту жыг.
-
Фи бори яй, ди бори яй.
-
Шыбжииплъ, псы плъыжьыбзэ.
-
Мо бжэкъуагъым къуэт жыхапхъэр хьэ къухъухь, кхъуэ къухъухь.
-
Мо жэм, бжьэ к1эрэф , ныбэ джафэ, псы 1уфэрыхъу ц1ык1ур уи закъуэ уи жэм, бжьэ к1эрэф , ныбэ джафэ, псы 1уфэрыхъу ц1ык1у, ар псоми ди зэхуэдэ жэм, бжьэ к1эрэф , ныбэ джафэ, псы 1уфэрыхъу ц1ык1ущ.
-
Щак1уэ щ1алэм щ1ак1уэ щ1агъым щ1акхъуэ ныкъуэ щ1элъу щ1ихри щ1эк1ыжащ.
-
Щ1алэ щ1акъуэр щ1ыунэм щ1ыхьэри щ1ак1уэ щ1агъым щ1элъ щ1акъуэ ныкъуэр щ1ихри ещ1экъуауэурэ щ1эк1ыжащ.
-
1уэры1уатэм и ф1ып1эщ къуажэхьхэри. Ахэр зэгъэк1уауэ, шэрыуэу, зэгъэщ1эгъуаф1эу гъэпсащ. Къуажэхьхэм къуагъащ1э лъэпкъым и акъылымрэ и гулъытэмрэ здынэсыр.
Феплъыт мы къуажэхьхэр къыфхуэщ1эмэ:
-
Къан хъыджэбзит1 зэлъэпагъщ. Набдзэ
-
Зэкъуэшитху док1уейри бырт1ым ц1ык1у къап1ыт1. 1эпхъуамбитху, пэ
-
Дзэ уз зымыщ1э, дзэ куэд зы1ут. Пхъэх
-
Зи щхьэр матэ, зи к1эр топ. Аслъэн
-
Хьэуазэ и къуэ щ1ыбыбгъуэ. Щ1акхъуэ
-
Нэ ц1ык1у, пэ ц1ык1у, тэн ц1ык1у зыщыгъ. Дзыгъуэ
-
Езыр ф1ыц1эу, и ц1эр лъейуэ. Лъей
-
Вакъэ лъапэ к1ыхьу мэз щ1ыхьэрей. 1эжьэ
-
Щ1ым и 1эф1ыр къыщ1эзыш, шэм и хужьыр къызэрыж, жылэр зыгъэунэ, быныр къэзыгъатхъэ. Нартыху
-
Адэк1э ди дыщэ пхъуантэм дыдо1эбэри ди гъэлъэгъуэныгъэм и ф1ып1э дыдэм дынос. Ар адыгэ сабий джэгук1эхэрщ.
Къыхэвдзэт сабий джэгузэхэшэр!
(«Хъуромэр» жа1э)
Уэ хъуромэ, хъуромэ — Тхьэм и губгъуэ дивгъэхьэ,
— Уо-уо, — Дызэрымыхьэр ди бийщ,
— Уэ хъуромэ токъу, — Девгъэджэгуажьэ,
— Токъумакъ зи 1эщэ, — Девгъэжьэжыпэ,
— Зи 1эщэрилэ, — Уо-уо!
— Псыблэм зегъэш,
— Чышыр зи уанэ,
— Зи уанэжь лъэгубгъуэ,
Джэгук1эхэм сабийхэр ирагъасэрт лъэщу, 1эрыхуэу, шэрыуэу, бэшэчу, къарууф1эу, набдзэгубдзаплъэу, акъыл жану, гущ1эгъулыуэ, хабзэ ищ1эу. Адыгэ сабий джэгук1эхэм ящыщ зыщ «Упщ1э пы1э» жыхуи1эр. Зым и нэр япхэри щэ ягъэджэрэз, абы и ужьк1э ягъэджэрэзам шэнтым тесым упщ1э пы1эр щхьэрит1эгъэфын хуейщ.
(Джэгук1эр ягъэлъагъуэ)
-
«Инэмыкъуэр» ик1и къебжэк1щ, ик1и джэгук1э л1эужьыгъуэщ. Мы джэгук1эм ухуегъасэ гурыхуагъэм. Сабийхэм дежк1э нэгузыужьщ. Хъыджэбз ц1ык1ухэри щ1алэ ц1ык1ухэри ироджэгу.
(Джэгук1эр ягъэлъагъхуэ)
Инэ-инэ, Хъурзэнат1э,
Инэмыкъуэ, Хьэнат1ищ,
Мыкъуэщхьэл, Л1ыщ зыук1,
Щхьэлкъутэ, Зызук1ыж,
Къутэро, П1ырегуш,
Що мыхъу, Гуш хэлъэф.
Що хъуа,
1. «Зэгъул» жыхуи1э джэгук1эм нэхъыбэу ириджэгур хъыджэбз ц1ык1ухэрт. Абы папщ1э къагъэсэбэпырт мывэк1эщхъ 1эмыщ1э, джэш е нартыху. 1эгум къинэр т1урыт1урэ ябжри, псори зэпэбжу т1урыт1 хъурэ — зэгъулщ, зы гуэгъу имы1эу къанэрэ — абы щыгъуэ зэгъулкъым.
-
(Джэгук1эр ягъэлъагъуэ)
-
«Шурылъэс» джэгу хабзэр щ1алэ ц1ык1ухэрт. Ахэр зым и щ1ыбым адрейр йот1ысхэри, къызэредзыхыну яужь итхэщ. Тек1уэр кърамыдзыхыфу иужь къинахэращ. Джэгук1эм къегъэна1уэ л1ыгъэ зыхэлъыр, нэхъ къару зыбгъэдэлъыр, бэшэчу ущытыным ухуегъасэ.
(Джэгук1эр ягъэлъагъуэ)
-
Къык1элъык1уэ джэгук1э дахэ ц1ык1умк1э духыжынщ адыгэ сабий джэгук1эхэр. Мы джэгук1эр здэплъагъунур лъэтеувэм дежт. Япэ лъэбакъуэр зыча сабийр утыкум ирагъэувэрти, ягъэгушхуэрт, ягъэджэгурт.
Джэгук1эр ягъэлъагъуэ, хъурейуэ къак1ухьурэ жа1э:
Сэ сок1уэ,
Сэ сожэ,
Щытхэм сахолъадэ,
Абы сахэбгъадэмэ,
Мурат къыхызохыр!
2. — Мис апхуэдэущ адыгэ сабийхэм я хущ1ыхьэгъуэ зэманыр зэрагъак1уэу щытар.
1. — Фымыщ1э гуэр къывэдгъэщ1амэ, е фщыгъупщэжа гуэрхэр къывэддгъэщ1эжамэ, ди гуапэщ!
2. Къыдэплъа, къыдэдэ1уа псоми ину ф1ыщ1э фхудощ1!
1. 2. — Узыншэу фыщыт!
5-8 – нэ классхэм папщ1э ек1уэк1а фольклорнэ махуэшхуэм и сценарий.
1-нэ езыгъэк1уэк1ым:
— Фи махуэ ф1ыуэ!
2-нэ езыгъэк1уэк1ым:
— Сэлам гуапэ фыдох ини ц1ык1уи, нобэрей ди Махуэшхуэм кърихьэл1а псоми!
1. — Фэ, дауи, фщ1эуэ къыщ1эк1ынщ гъатхэпэм и 22-м гъэрэ щ1ырэ зэрызэхэк1ыр. Адыгэхэм а махуэм сыт щыгъуи мыхьэнэшхуэ ирату, ягъэлъап1эу щытащ.
2. – Дэри нобэ ди мурадщ а махуэ лъап1эм гуф1эгъуэк1э дыпежьэну, ди еджак1уэхэр фызэпедгъэуэну, фи макъ дедэ1уэну, фи лъэгу дыщ1эплъыну, фи 1ущагъыр здынэсыр зэдгъэщ1эну.
1. – Ауэ зэпеуэр щ1эддзэн и пэк1э дыхуейт мы 1уэхугъуэр дгъэхьэзырыну зи пщэ къыдэхуахэм адыгэ фольклорым щыщ зыгуэрхэр фигу къэдгъэк1ыжыну, фи нэгуи т1эк1у зедгъэужьыну.
2. – Сыт хуэдэ сабий джэгук1эри адыгэхэм «Хъуромэк1э» ирагъажьэу щытащ. Дэри апхуэдэу тщ1ынщ. Къыхэвдзэт сабий джэгузэхэшэр!
(«Хъуромэр» жа1э)
Уэ хъуромэ, хъуромэ — Тхьэм и губгъуэ дивгъэхьэ,
— Уо-уо, — Дызэрымыхьэр ди бийщ,
— Уэ хъуромэ токъу, — Девгъэджэгуажьэ,
— Токъумакъ зи 1эщэ, — Девгъэжьэжыпэ,
— Зи 1эщэрилэ, — Уо-уо!
— Псыблэм зегъэш,
— Чышыр зи уанэ,
— Зи уанэжь лъэгубгъуэ,
1. –Дэ иджыпсту фигу къэдгъэк1ыжынщ зы пасэрей сабий джэгук1э ик1и абы хэтыну сценэм къэк1уэну дынывэлъэ1у класс къэс щыщ зы хъыджэбз ц1ык1у.
-
— «Инэмыкъуэр» ик1и къебжэк1щ, ик1и джэгук1э л1эужьыгъуэщ. Мы джэгук1эм ухуегъасэ гурыхуагъэм. Сабийхэм дежк1э нэгузыужьщ. Хъыджэбз ц1ык1ухэри щ1алэ ц1ык1ухэри ироджэгу.
(Джэгук1эр ягъэлъагъуэ)
Инэ-инэ, Хъурзэнат1э,
Инэмыкъуэ, Хьэнат1ищ,
Мыкъуэщхьэл, Л1ыщ зыук1,
Щхьэлкъутэ, Зызук1ыж,
Къутэро, П1ырегуш,
Що мыхъу, Гуш хэлъэф.
Що хъуа
-
— Феплъ, феда1уэ сабийхэр бжэк1э зэрырагъасэу щытам.
(Хьэтияк1уэр мабжэ, адрейхэр къыподжэж)
Зы — щхьэзакъуэ насыпыншэщ
Т1у — нит1ыр зэрощ1э
Щы — адыгэ 1энэр лъакъуищщ
Пл1ы — шым и лъакъуипл1ыр узыншэмэ, к1уэк1э и1эщ
Тху — 1эпхъуамбитхур зэшхуэзэесщ
Хы — щырыщу т1ур хыщ
Блы — Вагъуэзэшиблым загъазэмэ, нэху мэщ
И — вэрэвийр зэдекъумэ, пхъэ1эщэр щ1аш
Бгъу — бгъур пщ1эмэ, зыр къэтщ
Пщ1ы — пщ1ым нэс убжэмэ, зэк1э хъунщ
2- Адыгэ 1уэры1уатэм и ф1ып1эщ къебжэк1хэри. Къебжэк1хэм ухуагъасэ гурыхуагъэм. Ахэм языхэзым иджыпсту федгъэдэ1уэнщ.
Т1ум къебжэк1 жа1э:
— Си къаз пльэгъуа? — Вындыр-щэ?
-
Слъэгъуащ. — Жыгым пысщ.
-
Дэнэ к1уа? — Жыгыр-щэ?
-
Абгъуэм исщ. — Уэщым иреупщ1э.
-
Сыт къиук1эц1? — Уэщыр-щ1э?
-
Джэдык1э. — Пщ1ащэм хэлъщ.
-
Хэт ишх? — Пщ1ащэр-щэ?
-
Мэлыхъуэм. — Лыгъэм ес.
-
Сыт къыдит? — Лыгъэр-щэ?
-
Хъурыфэ. — Псым егъэунк1ыф1.
-
Хэт игъэтэдж? — Псыр-щэ?
-
Тэджырей. — Хьэм иреф.
-
Хэт ибз? — Хьэр-щэ?
-
Бзэрей. — Л1ым щ1ыгъущ.
-
Хэт ид? — Л1ыр-щэ?
-
Дэрей. — Мэкъу йоуэ.
-
Хэт щит1агъэ? — Мэкъур-щэ?
-
Уи шыпхъум. — Шхалъэм дэлъщ.
-
Дэнэ ук1уэ? — Шхалъэр-щэ?
-
Хьэщ1ап1э. — Жэмыр бгъэдэтщ.
-
Сыт къраугъэшх? — Жэмыр-щэ?
-
Щыхь куц1рэ фо — П1ап1у къехь.
ц1ынэнэ. — П1ап1ур-щэ?
-
Си 1ыхьэр-щэ? — Джэдум иреф.
-
Гъуанэм илъщ. — Джэдур-щэ?
-
Илъыжкъым. — Гъуанэм исщ.
-
Дэнэ к1уа? — Гъуанэр-щэ?
-
Вындым ишхащ. — Уэ уисыжщ.
-
– Иджы дынэсащ ди зэ1ущ1эм и гуащ1эгъуэ дыдэм. Зэпеуэхэм щ1ыдодзэ. Ди гуапэу фыдогъэц1ыху пщ1э зыхуэтщ1 ди жюрир:
………………………………………………………………………….
…………………………………………………………………………..
…………………………………………………………………………..
-
— Псом япэу ди гуапэу дедэ1уэнщ ди еджак1уэхэм зэрагъэщ1а адыгэ хъуэхъу дахэхэм. Утыкум къыдогъэблагъэ класс къэс къыхэк1ыу зы еджак1уэ.
(Хъуэхъухэр жа1э).
Си хъуэхъу
Сывохъуэъур гъуэгум тетым,
Фи гъуэгуанэр ирепсынщ1э,
Анэу гущэр щ1эзыупск1эр
Мамырыгъэм щремыщ1э.
Псыуэ къажэм я нэхъ уэрыр
Ухъу, фыхуеймэ, псы 1умп1аф1э.
Зауэм 1утыр хъуам у1эгъэ —
Ухъу зауэл1ыр хъужык1аф1э.
Сывохъуэхъур гъавэ зыщ1эм:
Жылэ тефсэр иребагъуэ.
Сывохъуэхъур фи нысащ1эм
Игъуэтыну къуэ абрагъуэ.
Лъэпкъ 1ущыгъэм зэрыжи1эу,
«Щ1алэр къупщхьэщ, пщащэр лъэпкъщ»,
Къытхэхъуамэ хъыджэбз дыгъэ,
Мис, си хъуэхъур хуэхьэзырщ:
Къарэкъатинэу,
Бэрэтинагъуэу,
Данагъуэ 1упэу,
Щхьэцыпэ дыкъуакъуэу,
Щхьэнтэм тесмэ — тхьэрыкъуэу,
Зиукъуэдиймэ — аслъэну,
Аслъэным и сокур и щхьэцу,
Кърым бжьэхуцыр и щ1ыфэу,
Мы1эрысафэр и нэк1уу,
И нэк1ущхьит1ыр сэхусэплъу,
Дызык1элъыплъыр и щ1ык1эу,
и к1уэк1эр дахэу,
Хейуэ унэм ихьэну
А пщащэ ц1ык1ур,
Тхьэм жи1э!
1.– Къык1элъык1уэу деплъынщ ди артист ныбжьыщ1эхэм ягъэхьэзыра адыгэ хабзэм щыщ пычыгъуэ (е адыгэ таурыхъым къытещ1ык1а теплъэгъуэ) Утыкум къыдогъэблагъэ 5-нэ А классыр!
2. 5-нэ Б классым ягъэхьэзыра теплъэгъуэм ди гуапэу дедэ1уэнщ!
1. – Сценэм къыдогъэблагъэ 6-нэ классым и еджак1уэхэр!
«Хъуэжэ къазыр зэригуэшар»
Теплъэгъуэм и сценарий
Авторым:
— И1э-т1э, таурыхъ къызже1эж!
— Еуэрэ-еуэрэт, жи, зы къуажэ гуэрым зы Жы1эрэ зы Жумы1эрэ дэсти, дзейуэ зэгуры1уэри, зэдежьащ. К1уэм-лъейм, к1уэм-лъейуэрэ, псышхуэ гуэрым хуэзащ, Балъкъ хуэдиз хъууэ.
-
Нелъэ, Жы1э!..
-
Нелъэ, Жумы1э!..
Жы1э лъэри псым зэпрылъащ. Дэтхэнэра иджы къэнар?
-
Жумы1эр.
-
Хъунщ-т1э, жыс1энкъым…
-
Хьэуэ, хьэуэ. Жы1эращ къэнар!
-
Нт1э, Жы1эр къэнамэ, дэтхэнэра елъар?
-
Жумы1эр.
-
Хъунщ-т1э, жыс1энкъым…
-
Хьэуэ, хьэуэ: Жы1эращ елъар!
-
Хъунщ-т1э, жыс1энщ. Еуэрэ-еуэрэт, жи, зы къуажэ гуэрым дэст зы пщыжь ябгэ. Ар бжьапц1эм ещхьу зэгуэк1ык1ыжауэ жьэгум дэст, игъащ1эм лэжьатэкъым, жэщи махуи шхэн ф1эк1а 1уэху и1этэкъым. Ик1и къуажэдэсхэм тезыр ятрилъхьауэ, махуэ къэс гуэгуш е къаз къыхуахьу ирагъэшхын хуейт.
-
Зы махуэ гуэрым, пщыр шхэуэ зэдэщысым, Хъуэжэ блэк1ыу къилъэгъуащ.
Пщым:
— Ей, Хъуэжэ, уи щхьэр щ1эгуэжауэ, сэлами къызумыхыу, дэнэ ук1уэрэ?
Хъуэжэ:
— Уи махуэ ф1ыуэ, зиусхьэн, си щхьэ си лажьэщ, къысхуэгъэгъу, гу плъыстакъым!
П. – Сыт уэ ахьмакъым уи щхьэ уи лажьэу къыпщыщ1ар?
Х. – Дыгъуэмыладжэщ, зиусхьэн, си бынхэр шхын щхьэк1э мал1э, ахэм езгъэшхынум и бэлыхьым сеук1ри, аращ сыщ1эщхьэлажьэр.
П. – Уэ уи бынхэр шхын щхьэк1э л1эк1э сэ сыгузавэркъым. Догуэ, Хъуэжэ, пщыгъупщэжауэ ара нобэ узэричэзур къаз гъэва къысхуэпхьыну, бжьыныху тек1ауэ?
Х. – Хьэуэ, зиусхьэн, сщыгъупщэжакъым. Симы1эми сыт сщ1эн, къэзгъуэтынщ.
П. – Еуэ, еуэ, еужьэрэк1! Уэ сыпщыгугъым, шхын щхьэк1э сыл1эну хъунщ сэ!
(Хъуэжэ и щхьэр пылэлу къыздэк1уэжым, и фызыр къыпожьэ)
Ф. – Мыр сыт, Хъуэжэ, сыту 1ейуэ уи щхьэр къыф1эхуа? Къэхъъуа1а!
Х. – Сытк1э си щхьэр къыф1эмыхунрэ, фэ фэзгъэшхын симы1эу, и бэлыхьым сеук1, пщым нобэ къаз гъэва хуэсхьын хуейуэ тезыру къыстрилъхьащ.
Ф. – Сыт ди 1эмал-т1э, пщыр бий къытхуэхъумэ, къуажэм дыдихунщ. Ди гъунэгъум сык1уэнщи, зы къаз щ1ыхуэу къе1ысхынщ, пхуэзгъэхьэзырынщи, хуэхь пщым.
(Арати, Хъуэжэ и фызым къаз щ1ыхуэ къищтэри игъэхьэзыращ, Хъуэжэ ар къуажэпщым хуихьащ).
П. – Алыхьым и шыкурщ, Хъуэжэ, мыгъэм зэ укъэсыжам, фэмрэ къупщхьэмрэ сыхуэк1уащ. Къэпхьа къаз?
Х. – Къэсхьащ.
П. – Бжьыныхуи тепк1а?
Х. – Бжьыныхуи теск1ащ, мис… Иджы сык1уэж хъуну?
П. – Зэ умып1ащ1э, Хъуэжэ! Ди къуажэ уэр нэхъ губзыгъэ дэмысу жа1эри, мис иджыпсту дгъэунэхункъэ? Къазыр къэпхьамэ, зэф1эк1а уф1эщ1? Сэ къуит1, пхъуит1, щхьэгъусэ си1эщи, псоми тэмэму къазыр тхуэбугуэшрэ – узут1ытщыжынущ; тэмэму тхуумыгуэшрэ – уи щхьэр пезгъэлъэнщ!
Фыкъак1уэ мыдэ псори! Деплъынщ Хъуэжэ къазыр къызэрытхуигуэшым!
(Арати, Хъуэжэ къазыр гуэшын щ1идзащ)
Х. – Унагъуэм я щхьэр уэращ, зиусхьэн, зи акъылк1э унагъуэ 1уэхур зэзыгъэзахуэр уэращи, уэ щхьэр узот!
А щхьэр ф1эзы1ыгъэр, унагъуэр пщэпкък1э къезылъэфэк1ыр уи фызыращи, абы пщэр изот!
Щ1алэхэм щ1алэ я 1уэхущ, ахэр зэпымычу зек1уэ к1уэнущи, ахэм лъакъуэр язот!
Хъыджэбзхэр хамэ бынщ, ахэр унагъуэм илъэту ежьэжынущи, дамэхэр ахэм язот!
Къэнар сэ си гугъуехьыпщ1эщ1
Сыт ищ1эжынт пщым! Ар и жьэр 1урыхуауэ къигъанэри, Хъуэжэ и бынунэм яригъэшхын зэри1эм щыгуф1ык1ыу я деж к1уэжащ.
2. – Адэк1э дедэ1уэнщ 7-нэ классым ягъэхьэзыра уэрэдым!
-
– Утыкур хуит худощ1 8-нэ классым!
1– Ди зэпеуэм адэк1э къыпыдощэ. Программэм ипкъ итк1э, ар адыгэ уэрэдыжьщ е хабзэм, нэмысым теухуа иджырей уэрэдщ. Утыкум къыдогъэблагъэ 5-нэ А классыр!
-
— 5-нэ Б классым я уэрэдым ди гуапэу дедэ1уэнщ!
1. – Сценэм къыдогъэблагъэ 6-нэ классым и еджак1уэхэр!
2. – Адэк1э дедэ1уэнщ 7-нэ классым ягъэхьэзыра уэрэдым!
-
– Утыкур хуит худощ1 8-нэ классым!
-
– Къык1элъык1уэ зэпеуэм хэтыну къыдогъэблагъэ класс къэс щыщу ц1ыхуищ, адыгэ 1уэры1уатэм ф1ыуэ щыгъуазэу, къуажэхь, псалъэжь, нэщэнэ хуэдэхэм ф1ыуэ щыгъуазэу.
1.- – Класс къэс зы ц1ыху фыкъыхэк1и ди дыщэ жыгым мы1эрысэ зырыз къыпыфч. А мы1эрысэхэм тет бжыгъэм елъытащ къыфлъысыну лэжьыгъэр.
2. – Къуажэхьхэр къэфщ1эфамэ, псалъэжьхэр нэвгъэсамэ, нэщэнэхэм фыпэлъэщамэ, фи лэжьыгъэр занщ1эу жюрим и пащхьэм ифлъхьэ.
1.– Зэпеуэм хэтхэр лэжьэху, фыкъыдогъэблагъэ адыгэ джэгум!
2.Адыгэ къафэм и чэзур къэсащ. И1эт-т1э иджы, фи лъэгу дыщ1эвгъэплъыт! Утыкум къыдогъэблагъэ 5-нэ А классыр!
-
— 5-нэ Б классым я къафэм ди гуапэу деплънщ!
2. – Сценэм къыдогъэблагъэ 6-нэ классым и еджак1уэхэр!
1. – Адэк1э деплъынщ 7-нэ классым ягъэхьэзыра къафэм!
2. – Утыкур хуит худощ1 8-нэ классым!
1. Жюрим и псалъэр хьэзыр хъуху, адыгэ джэгум фыкъыдогъэблагъэ!
1. Къыдэплъа, къыдэдэ1уа псоми ину ф1ыщ1э фхудощ1!
2. — Узыншэу фыщыт!
1.Къуажэхьхэр къафщ1э:
Къан хъыджэбзит1 зэлъэпагъщ.
Псым къыхах, псым хыхьэж.
Зэкъуэшитху док1уейри бырт1ым ц1ык1у къап1ыт1.
Пл1ыри зэдожэ, зыри къытежкъым.
2.Псалъэжьхэр нэвгъэс:
Гупсыси псалъэ,…
Л1ы хьэщ1э нэхърэ …
Гъатхэм тумысар ….
3.Нэщэнэу 5 хуэдиз фтхы.
1.Къуажэхьхэр къафщ1э:
Дзэ уз зымыщ1э, дзэ куэд зы1ут.
Нипл1, пит1, щхьит1, к1э закъуэ, лъакъуих.
Зи щхьэр матэ, зи к1эр топ.
Унэм ик1, щ1ым ик1ыж.
2.Псалъэжьхэр нэвгъэс:
Къуэр напщ1эщ, пхъур …
Уи япэ джэлам …
Дыгъужьыр бгъашхэ пэтми, …
3.Нэщэнэу 5 хуэдиз фтхы.
1.Къуажэхьхэр къафщ1э:
К1уау, к1уау, лъэрыч, къуажэр щэ зэпызыч.
Хьэуазэ и къуэ щ1ыбыбгъуэ.
Хуабэ хъумэ – мэдыд, щ1ы1э хъумэ – мэдий.
Нэ ц1ык1у, пэ ц1ык1у, тэн ц1ык1у зыщыгъ.
2.Псалъэжьхэр нэвгъэс:
Уи адэ и щ1ап1э гъэдахэ, …
Щ1опщыкъурэ пэт …
1ей пщ1ауэ, …
3.Нэщэнэу 5 хуэдиз фтхы.
1.Къуажэхьхэр къафщ1э:
Пщэдджыжьым – лъакъуипл1, шэджагъуэм – лъакъуит1, пщыхьэщхьэм –лъакъуищ.
1эпап1эк1э нэхъ зэпэмыжыжьэ,гъуджэ ямы1эу зэрымылъагъу.
1эмэпсымэншэу унэ зыщ1.
Езыр ф1ыц1эу, и ц1эр лъейуэ.
2.Псалъэжьхэр нэвгъэс:
Зэкъуэшит1рэ …
Уи япэк1э мывэ хъурей …
К1апсэр к1ыхьмэ, ф1ыщи, псалъэр …
3.Нэщэнэу 5 хуэдиз фтхы.
1.Къуажэхьхэр къафщ1э:
Вакъэ лъапэ к1ыхьу мэз щ1ыхьэрей.
Щ1ым и 1эф1ыр къыщ1эзыш, шэм и хужьыр къызэрыж, жылэр зыгъэунэ,быныр къэзыгъатхъэ.
Хьэщ1эм ядэшхэ, шхалъэм дэпк1эж.
Нэхъыбэ къипхыху, нэхъ ин мэхъу..
2.Псалъэжьхэр нэвгъэс:
Гъатхэм тумысар …
Мастэ гуапэщи, …
Анэ бгъафэрэ …
3.Нэщэнэу 5 хуэдиз фтхы.
Си хъуэхъу
Сывохъуэъур гъуэгум тетым,
Фи гъуэгуанэр ирепсынщ1э,
Анэу гущэр щ1эзыупск1эр
Мамырыгъэм щремыщ1э.
Псыуэ къажэм я нэхъ уэрыр
Ухъу, фыхуеймэ, псы 1умп1аф1э.
Зауэм 1утыр хъуам у1эгъэ —
Ухъу зауэл1ыр хъужык1аф1э.
Сывохъуэхъур гъавэ зыщ1эм:
Жылэ тефсэр иребагъуэ.
Сывохъуэхъур фи нысащ1эм
Игъуэтыну къуэ абрагъуэ.
Лъэпкъ 1ущыгъэм зэрыжи1эу,
«Щ1алэр къупщхьэщ, пщащэр лъэпкъщ»,
Къытхэхъуамэ хъыджэбз дыгъэ,
Мис, си хъуэхъур хуэхьэзырщ:
Къарэкъатинэу,
Бэрэтинагъуэу,
Данагъуэ 1упэу,
Щхьэцыпэ дыкъуакъуэу,
Щхьэнтэм тесмэ — тхьэрыкъуэу,
Зиукъуэдиймэ — аслъэну,
Аслъэным и сокур и щхьэцу,
Кърым бжьэхуцыр и щ1ыфэу,
Мы1эрысафэр и нэк1уу,
И нэк1ущхьит1ыр сэхусэплъу,
Дызык1элъыплъыр и щ1ык1эу,
и к1уэк1эр дахэу,
Хейуэ унэм ихьэну
А пщащэ ц1ык1ур,
Тхьэм жи1э!
1.Къуажэхьхэр къафщ1э:
Къан хъыджэбзит1 зэлъэпагъщ. Набдзэ
Псым къыхах, псым хыхьэж. Шыгъу
Зэкъуэшитху док1уейри бырт1ым ц1ык1у къап1ыт1. 1эпхъуамбитху, пэ
Пл1ыри зэдожэ, зыри къытежкъым. Шэрхъипл1
2.Псалъэжьхэр нэвгъэс:
Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи т1ыс.
Л1ы хьэщ1э нэхърэ фыз хьэщ1э.
Гъатхэм тумысар бжьыхьэм къытепхыжынкъым.
Къуажэхьхэр къафщ1э:
Дзэ уз зымыщ1э, дзэ куэд зы1ут. Пхъэх
Нипл1, пит1, щхьит1, к1э закъуэ, лъакъуих.Шу зэтес
Зи щхьэр матэ, зи к1эр топ. Аслъэн
Унэм ик1, щ1ым ик1ыж. 1угъуэ.
2.Псалъэжьхэр нэвгъэс:
Къуэр напщ1эщ, пхъур набдзэщ.
Уи япэ джэлам ущ1эмынак1э.
Дыгъужьыр бгъашхэ пэтми, мэзымк1э маплъэ.
1.Къуажэхьхэр къафщ1э:
К1уау, к1уау, лъэрыч, къуажэр щэ зэпызыч. Гуэгуш.
Хьэуазэ и къуэ щ1ыбыбгъуэ. Щ1акхъуэ
Хуабэ хъумэ – мэдыд, щ1ы1э хъумэ – мэдий. Бадзэ.
Нэ ц1ык1у, пэ ц1ык1у, тэн ц1ык1у зыщыгъ. Дзыгъуэ
2.Псалъэжьхэр нэвгъэс:
Уи адэ и щ1ап1э гъэдахэ, уи анэ дахэу епсалъэ.
Щ1опщыкъурэ пэт жьы еубыд.
1ей пщ1ауэ, ф1ы ущымыгугъ
1.Къуажэхьхэр къафщ1э:
Пщэдджыжьым – лъакъуипл1, шэджагъуэм – лъакъуит1, пщыхьэщхьэм –лъакъуищ. Сабий, балигъ, жьы хъуа ц1ыху.
1эпап1эк1э нэхъ зэпэмыжыжьэ,гъуджэ ямы1эу зэрымылъагъу. Нит1.
1эмэпсымэншэу унэ зыщ1. Бзу.
Езыр ф1ыц1эу, и ц1эр лъейуэ. Лъей
2.Псалъэжьхэр нэвгъэс:
Зэкъуэшит1рэ дзит1 зы1утрэ.
Уи япэк1э мывэ хъурей бгъажэмэ, у1уощ1эж.
К1апсэр к1ыхьмэ, ф1ыщи, псалъэр к1эщ1мэ, нэхъыф1ыжщ.
1.Къуажэхьхэр къафщ1э:
Вакъэ лъапэ к1ыхьу мэз щ1ыхьэрей. 1эжьэ
Щ1ым и 1эф1ыр къыщ1эзыш, шэм и хужьыр къызэрыж, жылэр зыгъэунэ,быныр къэзыгъатхъэ. Нартыху
Хьэщ1эм ядэшхэ, шхалъэм дэпк1эж. Бжэмышх.
Нэхъыбэ къипхыху, нэхъ ин мэхъу. Мащэ.
2.Псалъэжьхэр нэвгъэс:
Гъатхэм тумысар бжьыхьэм къытепхыжынкъым.
Мастэ гуапэщи, мастэ гуауэщ.
Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ.
3.Нэщэнэу 5 хуэдиз фтхы.
5-8 – нэ классхэм папщ1э ек1уэк1а фольклорнэ махуэшхуэм и сценарий.
1-нэ езыгъэк1уэк1ым:
— Фи махуэ ф1ыуэ!
2-нэ езыгъэк1уэк1ым:
— Сэлам гуапэ фыдох ини ц1ык1уи, нобэрей ди Махуэшхуэм кърихьэл1а псоми!
1. — Фэ, дауи, фщ1эуэ къыщ1эк1ынщ гъатхэпэм и 22-м гъэрэ щ1ырэ зэрызэхэк1ыр. Адыгэхэм а махуэм сыт щыгъуи мыхьэнэшхуэ ирату, ягъэлъап1эу щытащ.
2. – Дэри нобэ ди мурадщ а махуэ лъап1эм гуф1эгъуэк1э дыпежьэну, ди еджак1уэхэр фызэпедгъэуэну, фи макъ дедэ1уэну, фи лъэгу дыщ1эплъыну, фи 1ущагъыр здынэсыр зэдгъэщ1эну.
1. – Ауэ зэпеуэр щ1эддзэн и пэк1э дыхуейт мы 1уэхугъуэр дгъэхьэзырыну зи пщэ къыдэхуахэм адыгэ фольклорым щыщ зыгуэрхэр фигу къэдгъэк1ыжыну, фи нэгуи т1эк1у зедгъэужьыну.
2. – Сыт хуэдэ сабий джэгук1эри адыгэхэм «Хъуромэк1э» ирагъажьэу щытащ. Дэри апхуэдэу тщ1ынщ. Къыхэвдзэт сабий джэгузэхэшэр!
(«Хъуромэр» жа1э)
Уэ хъуромэ, хъуромэ — Тхьэм и губгъуэ дивгъэхьэ,
— Уо-уо, — Дызэрымыхьэр ди бийщ,
— Уэ хъуромэ токъу, — Девгъэджэгуажьэ,
— Токъумакъ зи 1эщэ, — Девгъэжьэжыпэ,
— Зи 1эщэрилэ, — Уо-уо!
— Псыблэм зегъэш,
— Чышыр зи уанэ,
— Зи уанэжь лъэгубгъуэ,
1. –Дэ иджыпсту фигу къэдгъэк1ыжынщ зы пасэрей сабий джэгук1э ик1и абы хэтыну сценэм къэк1уэну дынывэлъэ1у класс къэс щыщ зы хъыджэбз ц1ык1у.
-
— «Инэмыкъуэр» ик1и къебжэк1щ, ик1и джэгук1э л1эужьыгъуэщ. Мы джэгук1эм ухуегъасэ гурыхуагъэм. Сабийхэм дежк1э нэгузыужьщ. Хъыджэбз ц1ык1ухэри щ1алэ ц1ык1ухэри ироджэгу.
(Джэгук1эр ягъэлъагъуэ)
Инэ-инэ, Хъурзэнат1э,
Инэмыкъуэ, Хьэнат1ищ,
Мыкъуэщхьэл, Л1ыщ зыук1,
Щхьэлкъутэ, Зызук1ыж,
Къутэро, П1ырегуш,
Що мыхъу, Гуш хэлъэф.
Що хъуа
-
— Феплъ, феда1уэ сабийхэр бжэк1э зэрырагъасэу щытам.
(Хьэтияк1уэр мабжэ, адрейхэр къыподжэж)
Зы — щхьэзакъуэ насыпыншэщ
Т1у — нит1ыр зэрощ1э
Щы — адыгэ 1энэр лъакъуищщ
Пл1ы — шым и лъакъуипл1ыр узыншэмэ, к1уэк1э и1эщ
Тху — 1эпхъуамбитхур зэшхуэзэесщ
Хы — щырыщу т1ур хыщ
Блы — Вагъуэзэшиблым загъазэмэ, нэху мэщ
И — вэрэвийр зэдекъумэ, пхъэ1эщэр щ1аш
Бгъу — бгъур пщ1эмэ, зыр къэтщ
Пщ1ы — пщ1ым нэс убжэмэ, зэк1э хъунщ
2- Адыгэ 1уэры1уатэм и ф1ып1эщ къебжэк1хэри. Къебжэк1хэм ухуагъасэ гурыхуагъэм. Ахэм языхэзым иджыпсту федгъэдэ1уэнщ.
-
– Иджы дынэсащ ди зэ1ущ1эм и гуащ1эгъуэ дыдэм. Зэпеуэхэм щ1ыдодзэ. Ди гуапэу фыдогъэц1ыху пщ1э зыхуэтщ1 ди жюрир:
………………………………………………………………………….
-
— Псом япэу ди гуапэу дедэ1уэнщ ди еджак1уэхэм зэрагъэщ1а адыгэ хъуэхъу дахэхэм. Утыкум къыдогъэблагъэ класс къэс къыхэк1ыу зы еджак1уэ.
(Хъуэхъухэр жа1э).
1.– Къык1элъык1уэу деплъынщ ди артист ныбжьыщ1эхэм ягъэхьэзыра адыгэ хабзэм щыщ пычыгъуэ (е адыгэ таурыхъым къытещ1ык1а теплъэгъуэ) Утыкум къыдогъэблагъэ 5-нэ А классыр!
2. 5-нэ Б классым ягъэхьэзыра теплъэгъуэм ди гуапэу дедэ1уэнщ!
1. – Сценэм къыдогъэблагъэ 6-нэ классым и еджак1уэхэр!
«Хъуэжэ къазыр зэригуэшар»
2. – Адэк1э деплъынщ 7-нэ классым ягъэхьэзыра теплъэгъуэм!
-
– Утыкур хуит худощ1 8-нэ классым!
1– Ди зэпеуэм адэк1э къыпыдощэ. Программэм ипкъ итк1э, ар адыгэ уэрэдыжьщ е хабзэм, нэмысым теухуа иджырей уэрэдщ. Утыкум къыдогъэблагъэ 5-нэ А классыр!
-
— 5-нэ Б классым я уэрэдым ди гуапэу дедэ1уэнщ!
1. – Сценэм къыдогъэблагъэ 6-нэ классым и еджак1уэхэр!
2. – Адэк1э дедэ1уэнщ 7-нэ классым ягъэхьэзыра уэрэдым!
-
– Утыкур хуит худощ1 8-нэ классым!
-
– Къык1элъык1уэ зэпеуэм хэтыну къыдогъэблагъэ класс къэс щыщу ц1ыхуищ, адыгэ 1уэры1уатэм ф1ыуэ щыгъуазэу, къуажэхь, псалъэжь, нэщэнэ хуэдэхэм ф1ыуэ щыгъуазэу.
1.- – Класс къэс зы ц1ыху фыкъыхэк1и ди дыщэ жыгым мы1эрысэ зырыз къыпыфч. А мы1эрысэхэм тет бжыгъэм елъытащ къыфлъысыну лэжьыгъэр.
2. – Къуажэхьхэр къэфщ1эфамэ, псалъэжьхэр нэвгъэсамэ, нэщэнэхэм фыпэлъэщамэ, фи лэжьыгъэр занщ1эу жюрим и пащхьэм ифлъхьэ.
1.– Зэпеуэм хэтхэр лэжьэху, фыкъыдогъэблагъэ адыгэ джэгум!
2.Адыгэ къафэм и чэзур къэсащ. И1эт-т1э иджы, фи лъэгу дыщ1эвгъэплъыт! Утыкум къыдогъэблагъэ 5-нэ А классыр!
-
— 5-нэ Б классым я къафэм ди гуапэу деплънщ!
2. – Сценэм къыдогъэблагъэ 6-нэ классым и еджак1уэхэр!
1. – Адэк1э деплъынщ 7-нэ классым ягъэхьэзыра къафэм!
2. – Утыкур хуит худощ1 8-нэ классым!
1. Жюрим и псалъэр хьэзыр хъуху, адыгэ джэгум фыкъыдогъэблагъэ!
1. Къыдэплъа, къыдэдэ1уа псоми ину ф1ыщ1э фхудощ1!
2. — Узыншэу фыщыт!
Опубликовано 10.06.2017 по предмету Другие предметы от Гость
>> <<
Сочиненэ щ|ымахуэ адыгэбзэк|э
Ответ оставил Гость
Я так понела что надо написать соченение- а дальше ничего не поняла(
напиши еще раз)
Оцени ответ
Найти другие ответы
Загрузить картинку
Автор:
Тутова Фатима Мардасовна Воспитатель, МКДОУ «Детский сад»Сэтэней»а. Хабез»., Россия, Карачаева-Черкесская республика, Хабезский район, аул Хабез.
Мурадхэр: —Зэманым къыщыхъу зэхъуэк!ыныгъм гу лъегъэтэным пыдзэжын. Щ1ымахуэм и дунейм и гъуэт зэхъуэк1ыныгъэхэм, щ1ымахуэм ц1ыхухэм я щыгъынхэр зыхуэдэхэм гу лъагъэтэн, зэрыджэгу щ1ык1эхэм щыгъэгъуэзэн.
-Зэхахыр, зытепсэлъыхьыр я нэгу къыщ1агъэхьэфу, я логическэ гупсысэк1эр я жьабзэм зегъэужьыным , предметхэр зэралъытыфу егъэсэн.
-Дахэр ялъагъу, дуней къэзыухъурейхьыр зыхуэдэр къагуры1уэу, абы п1щ1э хуащ1у егъэсэн. Бзухэм хуэсакъыу егъэсэн. Мэзым щыпсэу псэущхьэхэм я тепсэлъыхьын.
Псалъалъэ: Щ1ымахуэ, щ1ы1э, уае, уэс къос, жьыбгъэ щ1ы1э къопщэ, хужь, уэс 1эшк1э, уэс гуащэ, къежэхак1уэ, мыл, щтын, чын къэгъэфэн, лъэрыжэ, 1эжьэ, коньки, лыжэ, къежэхын, щ1ымахуэ бзухэр, гъэшхэн, гъэшхалъэ, гувауэ нэху щын, щ1эх дыгъэр къухьэн, гувауэ къыкъуэк1ын, щ1ымахуэ щыгъын.
Материалхэмрэ оборудэвэнэхэмрэ
Гъэлъэгъуапхъэхэр: Картинэ «Щ1ымахуэр къуажэм (къалэм)».
Щ1ымахуэм бжьыхьэм теухуауа картинэхэр; бзу лъэтэжхэм, щ1ымахуэм къэна бзухэм я сурэтхэр, ц1ыхухэм бжьыхьэмрэ щ1ымахуэмрэ я щыгъ щыгъынхэр (сабийхэр зэрыдзэгу джэгук1эхэр, ягу зэрыхагъахъуэхэр (1эжьэхэр, коньки, лъэрыжэхэр, елкэ праздникыр).
Занятием и ек1уэк1ык1эр.
( Гъэсак1уэм сабийхэм ярегъэлъагъу картинэ «Щ1ымахуэр къуажэм (къалэм)». )
Гъ. -Ц1ык1ухэ къаф1щ1э къуажыхьыр.
Уэсыр къос
Псыр мэщт
Сыхъэр зэрехьэ
Жьыбгъэ щ1ы1э зэрехьэ
Сыт щыгъуэ ар къыщыхъур?
С. —Щ1ымахуэм.
Гъ. — Феплъыт мы щ1ымахуэр зэрыдахащэм!
-Уэсым щ1ыр игъэщ1эрэщ1ащ. Ат1э ар сыт хуэдэ зэман?
С. — Щ1ымахуэщ.
(Ц1ык1ухэм зэпаплъыхь»Щ1ымахуэр къуажэм (къалэм)» картинэр.
Гъ. -Ц1ык1ухэ дауа къыфф1эщ1рэ, сыт хуэдэ зэман мы картинэм къыщыгъэлъэгъуахэр?
С. -Щ1ымахуэ.
Гъ. — Сыт ар къызэрыф1щ1ар?
С. -Сурэтым дэни уэс телъыр щыболъагъу.
Гъ. — Сыт хуэдэ теплъэ нэхъыбэр?
С. — Хужь.
Гъ. — А т1э щ1ымахуэм и теплъэр сыт хуэдэ?
С. -Хужьщ.
Гъ. — Жыгхэми губгъуэхэми унэхэми- псоми я джэдыгу хужьыр ящит1эгъащ.
Гъ. -Щ1ымахуэм дунейр сыт хуэдэ?
С. -Щ1ы1эщ, уоп1ыщ1э, уэс телъщ, дыгъэм уигъэхуабэркъым. н.
(Гъэсак1уэм ц1ык1ухэм ярет щ1ымахуэм бжьыхьэм дунейм и щытык1эхэр къэзгъэлъагъуэ картинэ ц1ык1ухэр.
Гъ. -Щ1ымахуэм и щытык1эхэр къэзгъэлъагъуэ картинэхэр ифлъхьэ хъурей хужьым.
(Ц1ык1ухэм къыхах картинэ ц1ык1ухэр уэс телъу (жьыбгъэм уэс зэрихьэу, уэс къесу. н.).
Гъ. -Щ1ымахуэм бзузэр куэд?
С. -Хьэуэ.
Гъ. -Сыту?.
С. -Бзу куэдыр хуабэ хэкухэм мэлъатэжхэр.
Гъ. -Сыт щ1элъэтэжхэр?
С. -Яшхын ягъуэткъыми. Хьэп1ац1э ц1ык1ухэр щ1ымахуэм щы1экъым, щ1ы1эм щошынэхэр.
Гъ. —Ахэр сыт хуэдэ бзухэра лъэтэжхэр?
С. -П1ц1ащхъуэр(ласточкэхэр),бжэндэхъухэр (скворецхэр),вындхэр (грачхэр), (перелетные птицы).
Гъ. -Сыт хуэдэ бзухэра щ1ымахуэм мылъатэжхэр?
С. -Къуаргъхэр, тхьэрыкъуэхэр,н.
Гъ. -Сыт а бзухэм зэреджэр?
С. -Щ1ымахуэ бзу(зимующие). Ахэр щ1ы1эм щышынэхэкъым.
(Ц1ык1ухэм картинэхэр тралъхьэ).
Гъ. -Дауэ уадэ1эпыкъуыфыну бзухэм щ1ымахуэм?
С. -Бгъашхэмэ хъунущ.
Гъ. — Сыт ябгъэшхынур?
(Ц1ык1ухэм жэуап ират).
(Гъэсак1уэм картинэ-гъэшхалъэр(кармушкэр) жыгым ф1элъу ярегъэлъагъу.)
Гъ. — Сыт флъагъур мы картинэм?
С. — Гъэшхалъэ.
Гъ. -Гъэшхалъэр ц1ык1ухэм жыгым ф1алъхьэри бзу ц1ык1ухэм шхын иратри езыхэм елкэ къуагъым зыщагъэпщк1уауэ бзухэм к1элъоплъхэр ахэр зэрышхэм.
Гъ. -Сыт хуэдэ бзу къэлъэтахэр?
С. -Воробейхэмрэ синицэхэмрэ.
Гъ. -Дапщэ хъухэрэ?
С. -Воробейхэ- тху синицэхэр- щы.
Гъ. -Сыт бзухэр щ1ы1эм щызыхъумэр?
С. -Ахэм ятетщ къабзи цы хуабэр.
Гъ. -Дэри щ1ыбым дыщ1эк1хэмэ щ1ы1э дымылъэн пап1щ1э, сыт дыщ1эн хуейр?
С. -Щыгъын хуабэ щытт1эгъэн хуейщ.
(Гъэсак1уэм ярегъэлъагъ щ1ымахуэ бжьыхьэ щыгъынхэр. Ц1ык1ухэм щ1ымахуэ щыгъынхэр зэрыт картинэхэр къыхахыурэ тралъхьэ).
От
администратора сайта: если Вы желаете ознакомиться с полным текстом
представленной публикации, Вы можете скачать её с сайта в полном объёме.
Мурадхэр: —Зэманым къыщыхъу зэхъуэк!ыныгъм гу лъегъэтэным пыдзэжын. Щ1ымахуэм и дунейм и гъуэт зэхъуэк1ыныгъэхэм, щ1ымахуэм ц1ыхухэм я щыгъынхэр зыхуэдэхэм гу лъагъэтэн, зэрыджэгу щ1ык1эхэм щыгъэгъуэзэн.
-Зэхахыр, зытепсэлъыхьыр я нэгу къыщ1агъэхьэфу, я логическэ гупсысэк1эр я жьабзэм зегъэужьыным , предметхэр зэралъытыфу егъэсэн.
-Дахэр ялъагъу, дуней къэзыухъурейхьыр зыхуэдэр къагуры1уэу, абы п1щ1э хуащ1у егъэсэн. Бзухэм хуэсакъыу егъэсэн. Мэзым щыпсэу псэущхьэхэм я тепсэлъыхьын.
Псалъалъэ: Щ1ымахуэ, щ1ы1э, уае, уэс къос, жьыбгъэ щ1ы1э къопщэ, хужь, уэс 1эшк1э, уэс гуащэ, къежэхак1уэ, мыл, щтын, чын къэгъэфэн, лъэрыжэ, 1эжьэ, коньки, лыжэ, къежэхын, щ1ымахуэ бзухэр, гъэшхэн, гъэшхалъэ, гувауэ нэху щын, щ1эх дыгъэр къухьэн, гувауэ къыкъуэк1ын, щ1ымахуэ щыгъын.
Материалхэмрэ оборудэвэнэхэмрэ
Гъэлъэгъуапхъэхэр: Картинэ «Щ1ымахуэр къуажэм (къалэм)».
Щ1ымахуэм бжьыхьэм теухуауа картинэхэр; бзу лъэтэжхэм, щ1ымахуэм къэна бзухэм я сурэтхэр, ц1ыхухэм бжьыхьэмрэ щ1ымахуэмрэ я щыгъ щыгъынхэр (сабийхэр зэрыдзэгу джэгук1эхэр, ягу зэрыхагъахъуэхэр (1эжьэхэр, коньки, лъэрыжэхэр, елкэ праздникыр).
Занятием и ек1уэк1ык1эр.
( Гъэсак1уэм сабийхэм ярегъэлъагъу картинэ «Щ1ымахуэр къуажэм (къалэм)». )
Гъ. -Ц1ык1ухэ къаф1щ1э къуажыхьыр.
Уэсыр къос
Псыр мэщт
Сыхъэр зэрехьэ
Жьыбгъэ щ1ы1э зэрехьэ
Сыт щыгъуэ ар къыщыхъур?
С. —Щ1ымахуэм.
Гъ. — Феплъыт мы щ1ымахуэр зэрыдахащэм!
-Уэсым щ1ыр игъэщ1эрэщ1ащ. Ат1э ар сыт хуэдэ зэман?
С. — Щ1ымахуэщ.
(Ц1ык1ухэм зэпаплъыхь»Щ1ымахуэр къуажэм (къалэм)» картинэр.
Гъ. -Ц1ык1ухэ дауа къыфф1эщ1рэ, сыт хуэдэ зэман мы картинэм къыщыгъэлъэгъуахэр?
С. -Щ1ымахуэ.
Гъ. — Сыт ар къызэрыф1щ1ар?
С. -Сурэтым дэни уэс телъыр щыболъагъу.
Гъ. — Сыт хуэдэ теплъэ нэхъыбэр?
С. — Хужь.
Гъ. — А т1э щ1ымахуэм и теплъэр сыт хуэдэ?
С. -Хужьщ.
Гъ. — Жыгхэми губгъуэхэми унэхэми- псоми я джэдыгу хужьыр ящит1эгъащ.
Гъ. -Щ1ымахуэм дунейр сыт хуэдэ?
С. -Щ1ы1эщ, уоп1ыщ1э, уэс телъщ, дыгъэм уигъэхуабэркъым. н.
(Гъэсак1уэм ц1ык1ухэм ярет щ1ымахуэм бжьыхьэм дунейм и щытык1эхэр къэзгъэлъагъуэ картинэ ц1ык1ухэр.
Гъ. -Щ1ымахуэм и щытык1эхэр къэзгъэлъагъуэ картинэхэр ифлъхьэ хъурей хужьым.
(Ц1ык1ухэм къыхах картинэ ц1ык1ухэр уэс телъу (жьыбгъэм уэс зэрихьэу, уэс къесу. н.).
Гъ. -Щ1ымахуэм бзузэр куэд?
С. -Хьэуэ.
Гъ. -Сыту?.
С. -Бзу куэдыр хуабэ хэкухэм мэлъатэжхэр.
Гъ. -Сыт щ1элъэтэжхэр?
С. -Яшхын ягъуэткъыми. Хьэп1ац1э ц1ык1ухэр щ1ымахуэм щы1экъым, щ1ы1эм щошынэхэр.
Гъ. —Ахэр сыт хуэдэ бзухэра лъэтэжхэр?
С. -П1ц1ащхъуэр(ласточкэхэр),бжэндэхъухэр (скворецхэр),вындхэр (грачхэр), (перелетные птицы).
Гъ. -Сыт хуэдэ бзухэра щ1ымахуэм мылъатэжхэр?
С. -Къуаргъхэр, тхьэрыкъуэхэр,н.
Гъ. -Сыт а бзухэм зэреджэр?
С. -Щ1ымахуэ бзу(зимующие). Ахэр щ1ы1эм щышынэхэкъым.
(Ц1ык1ухэм картинэхэр тралъхьэ).
Гъ. -Дауэ уадэ1эпыкъуыфыну бзухэм щ1ымахуэм?
С. -Бгъашхэмэ хъунущ.
Гъ. — Сыт ябгъэшхынур?
(Ц1ык1ухэм жэуап ират).
(Гъэсак1уэм картинэ-гъэшхалъэр(кармушкэр) жыгым ф1элъу ярегъэлъагъу.)
Гъ. — Сыт флъагъур мы картинэм?
С. — Гъэшхалъэ.
Гъ. -Гъэшхалъэр ц1ык1ухэм жыгым ф1алъхьэри бзу ц1ык1ухэм шхын иратри езыхэм елкэ къуагъым зыщагъэпщк1уауэ бзухэм к1элъоплъхэр ахэр зэрышхэм.
Гъ. -Сыт хуэдэ бзу къэлъэтахэр?
С. -Воробейхэмрэ синицэхэмрэ.
Гъ. -Дапщэ хъухэрэ?
С. -Воробейхэ- тху синицэхэр- щы.
Гъ. -Сыт бзухэр щ1ы1эм щызыхъумэр?
С. -Ахэм ятетщ къабзи цы хуабэр.
Гъ. -Дэри щ1ыбым дыщ1эк1хэмэ щ1ы1э дымылъэн пап1щ1э, сыт дыщ1эн хуейр?
С. -Щыгъын хуабэ щытт1эгъэн хуейщ.
(Гъэсак1уэм ярегъэлъагъ щ1ымахуэ бжьыхьэ щыгъынхэр. Ц1ык1ухэм щ1ымахуэ щыгъынхэр зэрыт картинэхэр къыхахыурэ тралъхьэ).
Гимнастикэ
Джэдыгу ц1ык1у, (Усэм жи1эхэр сабийхэм ягъэзащ1э)
Джэдыгу ц1ык1у,
Гуащэ ц1ык1ур
Гъэхуабэ,
И щхьэ ц1ык1ум
Пы1эр щхьэрыт1агъэ,
Тхьэк1умэ ц1ык1ур
Щ1эхъумэ.
И 1эц1ык1ухэм
1элъэр 1эрыт1агъэ,
1элъэ ц1ык1ухэр!
Умыпск1э, укъемыпс.
Уи пщэ ц1ык1ум
Пщэдэлъ дэлъхьэ.
Гъ. -Щ1ымахуэми джэгук1э зэхуэмыдэхэк1э уджэгуфынущ. Сыт хуэдэ джэгук1эк1эуджэгумэ хъуну уэс къыщеск1э?
С. -Уэс 1улъхьэ ц1ык1ухэр къэбыубыдыфынущ, лъагъуэ ц1ык1ухэр хэпшу щ1ыбым удэтми уи гур хуохъуэ, уэс 1эшк1э пщ1ыурэ узэдэджэгуфынущ, 1эжьэк1э укъызэрешэк1ыфынущ, лыжэк1э къэбжыхьыфынущ.
Гъ. -Сыт уэсым къыхэп1щ1ык1ыфынур?
С. -Уэс дадэ.
Гъ. -Щ1ымахуэм зэрыджэгу щ1ык1эхэр зэрыт картинэхэр къыхэфхи къытефлъхьэ.
(Бжэм зыгуэрэ къытот1ыркъэ)
Гъ. -Хэту п1эра хьэщ1ап1э къытхуэк1уар?
(К1ухуц1ык1у къыщ1охьэ матэ и1ыгъыу)
К1у. -Фи махуэ ф1ыуэ ц1ык1ухэ.
С. -Нэхъыф1ыжу.
К1у. -Си ц1эр сэ к1ухуц1ык1ущ.Сэ къыфхуэсхьащ зэрыджэгу хьэпшыпхэр, таурыхъ ц1ык1ухэр, уэрэд ц1ык1ухэр, къуажыхьхэр.Фэ ф1ыуэ флъагъурэ къуажыхь ц1ык1ухэр къэф1щ1эну?
С. -Нт1э.
К1у. -Фыкъэда1уэ нт1э.
К1у. -Мэзым щопсэу,
Шынэкъэрабгъэщ.
1упэ дыкъуакъуэщ,
И тхьэк1умэхэр дзасэщ.
Сыт ар ?
С. -Тхьэк1умэк1ыхь.
К1у. -И фэр дыщафэщ
Щэхурыпхъуэщ,
И к1эр дахащэщ,
Зек1уэрейщ.
Зиудыгъуэу ар мэдыгъуэр.
Сыт ар?
С. -Бажэ.
К1у. -Мап1к1э, малъэ,
Щэхуу маплъэ,
Щак1уэ псоми ар яц1ыху.
Ар нэ ц1ык1ущ,
Ар пэ ц1ык1ущ
К1э бырыбщ.
Сыт зэреджэр фэ къэфц1ыхут?
С. -К1эпхъ.
К1у. -Хьэк1экхъэк1э индыдэщ,
Лъапэ 1ушэщ, ар бэлацэщ,
Щ1ымахуэр абы гъуэм щегъак1уэр,
Гъэмахуэм мэзым щызоджадэр
Сыт ар?
С. -Мыщэщ.
К1у. -Жыжьэу уеплъмэ, хьэ къыпф1ощ1,
Ар мэл псоми я псэхэхщ,
Зыщышырэр мэлыхъухьэщ,
Зихущыхьу мэзым щ1этщ.
Сыт ар?
С. -Дыгъужьщ.
К1у. -Жеуэ щылъмэ,
Цы хъурейщ.
Къэушамэ,
Нэхъык1эжщ.
Уе1эбынщи,
Къыпхэуэнщ.
Ублэк1амэ
Ар гуф1энщ.
Зыщышынэр куэду мащ1эщ.
Хэт къищтэну?
Банэ защ1эщ.
Хуэзэ псори
Абы блок1….
Сыт абы зэреджэр?
С. -Цыжьбанэ.
К1у. -Сыту ф1ы1ущ фэ ц1ык1ухэр, къуажыхь ц1ык1у сыкъызэджауэ хъуам я псалъэхэр къэф1щ1ащ. Мис абы щхьэк1э мы матэ ц1ык1ур къыфхузогъанэ и щ1агъ дыдэм илъщ фи тыгъэ ц1ык1ухэр, ауэ фэ ит1анэ феплъыжын ахэм.
Сэ сок1уэж. Ф1ык1э, хъерк1э дызэхуэзэхэ!
С. -Ф1ык1э!
Къызэщ1экъуэжын.
Гъ. -Гъэм и сыт хуэдэ зэман 1эжьэк1э укъежэх щыгъунур? Уэс 1эшк1э ущыджэгуфынур? Уэс гуащэ щып1щ1ыфынур?
С. -Щ1ымахуэм.
Гъ. -Щ1ымахуэм и теплъэр сыт хуэдэ?
С. -Хужьщ.
Гь. -Сыту?
С. -Уэс куэд къуосри.
Гъ. -Щ1ымахуэр урысыбзэк1э жыдывгъэ1эт.
С. -Зима.
Гъ. -Щ1ымахуэр къихьащ.
С. -Наступила зима.
Гъ. -Уэс къос.
С. -Идет снег.